Календарь событий

19 октября 2021

Бжьыхьэ лэжьыгъэ

«Шынагъуэншэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, Инарыкъуейрэ Къаншыуейрэ я зэхуакум дэлъ километрих зи кIыхьагъ гъуэгур зэрагъэпэщыж.
Лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэфIагъэкIащ, асфалътыжьыр тратхъунщIыкIщ, трагъэзэгъэжри, асфальт-бетоныр Iуву тралъхьэн щIадзащ. Мы лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп абдж зыхэлъ полимер, геотекстиль пкъыгъуэхэм асфалътыр нэхъ быдэ ищIынущ.
IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэ псори бжьыхьэм и кIэм яухыну я мурадщ.
 

 

IэщIагъэ дахэ

    «Илъэсым и цIыху», «Илъэсым и цIыхубз» цIэхэр зиIэ модельер Сэралъп Мадинэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэр хуэфащэ дыдэщ, япэрауэ, лъэпкъ щэнхабзэмрэ IэпщIэлъэпщIагъэмрэ зи лъабжьэ и IэщIагъэм хуэIэижьщи. Апхуэдэ цIыхухэм махуэ къэс уатетхыхьми лей хъунукъым.    

Дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр

Дунейм и къалэ нэхъ дахэ дыдэхэм хабжэ Санкт-Петербург Петр Езанэм I703 гъэм ухуэн щIригъэдзащ. Нобэ ар Москва и ужькIэ ди къэралым и къалэ нэхъ инщ, промышленнэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ центрщ. Къалэ-ЛIыхъужьщ, махуэ 900-м нэскIэ нэмыцэхэм къаухъуреихьауэ яIыгъащ. Мы къалэм дэтщ еджапIэ нэхъыщхьэу 40, музейуэ 50, театру I4, фэеплъ куэд дыдэ. Мыбы иIэщ метро, дуней псом щынэхъ ин дыдэ библиотекэ, аэропорт ин, кхъухь екIуэлIапIэ зыбжанэ, йокIуалIэ гъущI гъуэгу, автомобиль гъуэгу куэд. Санкт-Петербург дунейм и къалэ нэхъ дахэу I0-м хабжэ.
* * *

ЗэфIэкI зиIэ артист

    Къэбэрдей-Балъкъэрыр къулейщ узэрыгушхуэ хъун уэрэджыIакIуэхэмрэ артист ныбжьыщIэхэмкIэ. Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI гъуазджэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэм ахэращ ди щIыналъэм щытхъу ин къыхуэзыхьыр. ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, республикэр зэрыгушхуэ артистхэм ящыщщ Абэнокъуэ Рустам.

Лейзехьэм узэрыпэщIэтынур щIэныгъэщ

 

Адыгэ лIакъуэхэр

Абазэхэхэр

Абазэхэхэр курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэ лъэпкъхэм я нэхъ инхэм ящыщ зыуэ щытащ, иджы адыгейкIэ (кIахэ адыгэкIэ) дызэджэм хыхьэ зы гупщ. Пасэ зэманым лъэпкъым и цIыхухэр нэхъыбэу зэлэжьу щытар гъавэ щIэнымрэ Iэщ гъэхъунымрэщ, апхуэдэу абыхэм яIэт жыг хадэ хъарзынэхэри. ЩIым къытрах, Iэщым къыпах хъерымкIэ сату дащIырт я гъунэгъу лъэпкъхэм.

ЛъагапIэщIэхэм хуокIуэ

Республикэм щыщ щIалэгъуалэ куэд къэралым и къалэшхуэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъагъуэу щолажьэ. Абыхэм я хъыбарыфIхэр къыщалъхуа щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къосыж икIи хамэ щIыпIэ зи зэфIэкIыр къыщалъытэ уи лъахэгъуым и цIэр фIыкIэ жаIэу щызэхэпкIэ, шэч хэмылъу, абы гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ.

Полицэм фигу къегъэкIыж:

 Банкым и лэжькакIуэхэр цIыхухэм епсалъэркъым я ахъшэр «счет хъума» жыхуиIэм ар ирагъэхьыным теухуауэ.
Къывэпсалъэм къывжиIэм щыщу зыри фымыщIэ. «Шынагъуэншэ счет» жаIэу зэрызэхэфхыу телефоныр вгъэтIылъ.
Интернет IэмалкIэ ущэхуэным шынагъуэ зэрыпылъри зыщывмыгъэгъупщэ. Уасэм щыщ Iыхьэ ипэкIэ футIыпщмэ, ар къыфхуагъэхьэжыныкIэ е хьэпшыпыр къыфIэрыхьэнкIэ шэсыпIэ гуэри щыIэкъым.
Сом мини 3

ХэкIуэдахэм я фэеплъу

Тырныауз къалэм дэт спорт комплексым щекIуэкIащ зи къулыкъур езыхэкIыу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъу каратэмкIэ щIыналъэхэм я зэдай зэхьэзэхуэ.