Календарь событий

29 октября 2021

УФ-м и паспортыр зэратым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

Хабзэм къызэригъэувымкIэ, зи ныбжьыр илъэс 20, 45-рэ хъуа цIыхухэм я паспортыр зэрахъуэкI. Нэхъапэм а ныбжьым узэрынэсу тхылъым къару имыIэжу хъурт, абы къыхэкIыу щIэ къыдэхыным занщIэу иужь ихьэн хуейт. Иджы паспортыщIэр къыпIэрыхьэхукIэ жьым и пIалъэр икIыркъым, ауэ а Iуэхур махуэ 90-м къриубыдэу зэфIэгъэкIыпхъэщ.

ЩIыналъэхэм я зыужьыныгъэм толажьэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я экономикэ зыужьыныгъэр зэраубзыхуным теухуауэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

Псалъэм и купщIэр

Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ.

БАГЪ ИННЭ И ЗЭФIЭКI

Нобэ зи гугъу фхуэсщIыну хъыджэбзыр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Багъ Иннэщ. Ар зэрысабийрэ а IэщIагъэм щIэхъуэпсу къэхъуахэм ящыщкъым. Зэрыхъуаращ. Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №26-р къиуха иужькIэ,

Къэралым хуэщхьэпэу

 КъыхэтхыкIыныгъэ

Дызэрыщыгъуазэщи, жэпуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ Урысей Федерацэм щокIуэкI, упщIэу къагъэувахэм щхьэж зэрыхуейм хуэдэу жэуап иритыну хуитыныгъэ щиIэ къыхэтхыкIыныгъэхэр.

Адыгэ фащэм и пщIэр къэзыIэтыжхэм ящыщщ

 «Этно-Эрато» дунейпсо зэпеуэм «Кавказ Ищхъэрэм и фащэ нэхъыфI» Iыхьэм ещанэ увыпIэр къызыхуагъэ­фэща  Былымгъуэт Оксанэ Кавказ ­Ищхъэрэм ис дэрбзэр нэхъыфI­хэм ящыщщ.

«Ислъэмейм» щыщ Агъыржанокъуэ Саният

Урысей Федерацэм и къэрал саугъэтым и лауреат, Адыгейм щIыхь зиIэ и артист, Шэшэным гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ислъэмей» къэрал ансамблым и художественнэ унафэщIым и къуэдзэ Агъыржанокъуэ (Хъуажь) Саният гупым и вагъуэ пэрытхэм ящыщщ. Саният Налшык къызэрыкIуар къэдгъэсэбэпри, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 29

Мэрем

♦Инсультым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦Комсомолыр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦1943 гъэм Налшык ФЗО школ къыщызэIуахащ.

♦1930 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-мрэ АР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Пэнэф Сэфар.

♦1934 гъэм къалъхуащ юрист, тхакIуэ Сэрахъэ Александр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыдигъэкIа унафэ №310-ПП-м къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ

2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м                  Налшык къалэ                  №198-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Гъуэгу тэмэм пхытшыфыну къысщохъу

Америкэ Штат Зэгуэтхэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Чыгъэду Казбек США-м зэрыIэпхъуэрэ хэтщ Адыгэ Хасэм, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Транспорт IэнатIэм зегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5                     Налшык къалэ                     №197-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унэфэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «Жылагъуэ информацэ» къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м                          Налшык къалэ                          №195-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Бердюжэ Владимир Иван и къуэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым и полномочиехэр я пIалъэр къэмысу щхьэщыхыным и IуэхукIэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатым  и статусым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 4-нэ статьям и Iыхьэ 1-м и 6-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI: