Календарь событий

30 октября 2021

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ Хабзэхэр къы­дэзыгъэкI орган нэхъыщхьэм и Президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Беларусымрэ зэгуроIуэ

КъБР-м и Правительствэм жэпуэ­гъуэм и 27-м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек щыIущIащ Беларусь Республикэм хъыбарегъащIэ IэнатIэ­хэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ лэжьакIуэ гупымрэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ лъэныкъуэхэр зэ­рызэдэлэжьэнум теухуауэ яубзыхуа, нэгъабэ фокIадэ мазэм Беларусымрэ Урысеймрэ я VII зэхуэсышхуэм хыхьэу зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ. ЗэIущIэм Iэ щыщIадзащ 2022 - 2023 гъэхэм республикитIыр зэры­зэ­дэлэжьэнум теухуауэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм. 

Урысейпсо кинофестивалыр Налшык щокIуэкI

Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 27-м къы­щы­зэIуахащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр - илъэси 100» урысейпсо кинофестивалыр, респуб­ликэм и къэралыгъуэр къы­зэрыунэхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум траухуар.