|
Календарь событий
15 ноября 2021
15 ноября, 2021 - 18:27
Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Абхъазым щагъэлъагъуэ Мэздэгу адыгэхэм ятеухуа «Вековые традиции Моздокских кабардинцев» документальнэ фильм гъэщIэгъуэн.
15 ноября, 2021 - 17:23
Нотариус IэщIагъэм ди зэманым щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ. Ауэ абы и лэжьыгъэр тыншу къэзылъытэхэр щыIэщи, щоуэ. Дэфтэрхэр гъэхьэзырынымрэ Iэ щIэдзынымрэ къыдэкIуэу, ахэр зэпымыууэ щыгъуазэу щытын хуейщ къэралым и законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
15 ноября, 2021 - 16:18
Нобэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм.
15 ноября, 2021 - 15:30
Гуащэм - унагъуэм унэгуащэр яхэмытыжу нысэр къахыхьэмэ, е нысэ къашагъащIэм куэд дэмыкIыу гуащэр щхьэщыукIуриикIмэ, гуащэ палъэу унагъуэм ялъытэ хъу гъунэгъу нанэм е адэ шыпхъу къахэнэм гуащэмкIэ еджэрт. Гуащэмыр мазитI нэхърэ нэхъыбэкІэ яхэстэкъым е къахыхьэрейтэкъым унагъуэм: апщIондэху нысэ цIыкIур къызыхыхьа лъэпкъым и хабзэ, и дуней тетыкIэ, илъытапхъэ-игъэфIапхъэхэм хуиущийрт. «Гуащэм дэкIуатэ» ящIыжу щытащ, гугъу закъыдезыгъэхьа бзылъхугъэ зэрахузэфIэкI хуэдизкIэ ялъытэу, ягъафІэу.
15 ноября, 2021 - 14:53
Сыт хуэдэ зэманми езым и лIыхъужьхэр къегъэщI, ирехъу ар политик, дохутыр, дипломат… Апхуэдэу ди нобэрей дунейм халъхуа цIыху зэчиифIэу зи гугъу фхуэсщIыну сыхуейр журналист, тхакIуэ, усакIуэ Дзыбэ Саниятщ.
15 ноября, 2021 - 13:25
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэбэт блэкIам «Спартак-Налшыкыр» Ставрополь щыIущIащ «Динамо»-м.
15 ноября, 2021 - 12:40
Налшык и кхъухьлъатэтедзапIэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъэжащ «грэпплинг» спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым, Белград щекIуэкIам, дыщэ медаль къыщызыхьа, Къэхъун къуажэ щыщ Урыс Мухьэмэдрэ абы и тренер Шыхъуэстэн Русланрэ.
15 ноября, 2021 - 11:32
Ижевск къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэр.
15 ноября, 2021 - 11:32
♦Гъуэгум къыщыхъу автомобиль зэжьэхэуэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
15 ноября, 2021 - 10:26
Иджыблагъэ «Принт-центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ искусствовед Аппаевэ Жаухар «Запечатленное время» зыфIища и тхылъыр.
|