|
Календарь событий
16 ноября 2021
16 ноября, 2021 - 18:50
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и музыкэ унафэщI, пшынауэ цIэрыIуэ ХьэпащIэ Заудин и ныбжьыр мы гъэм илъэс 65-рэ ирикъуащ.
16 ноября, 2021 - 17:55
Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Пушкин и тхыгъэеджэ» Iуэху дахэр. Ар егъэщIылIауэ щытащ Пушкин теухуауэ а музейм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм.
«Пушкин и тхыгъэеджэм» хэтащ «Свеча» литературэ клубым щыщ ныбжьыщIэхэмрэ «ДыгъафIэ къалэм» щеджэхэмрэ.
Музей бжэIупэм щызэхуэсат тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъу къалэдэсхэр. Абдеж кърихьэлIа дэтхэнэми Пушкин и усэхэм щыщ къеджэну Iэмал иратащ. Урыс усыгъэм и классикыр урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ «къагъэпсэлъащ» а махуэм.
16 ноября, 2021 - 16:05
Пасэрей Iэщэр къызыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зи гъащ1эр зыхьа бзылъхугъэр Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теухуауэ къызэринэкIащ.
16 ноября, 2021 - 14:50
Хьэнцэ Албэч Аруан (Мысостей) къуажэм къыщыхъуащ, щопсэу. Дизайным хуеджащ, сурэт щIыным дехьэх, футболыр и псэм хэлъщ. Зызрипщытым щIэщыгъуагъ хелъхьэ. Албэч адыгэу дунейм къызэрытехьам ирогушхуэ – абы и нэщэнэхэр и лэжьыгъэхэм щыдолъагъу.
Топыр щIым нэзмыгъэсу…
16 ноября, 2021 - 14:00
Хьэцым Лианэ зэрысабийрэ дохутыр хъуну щIэхъуэпсырт. Иджыпсту абы а цIэр зэрихьэ къудейкъым, атIэ а IэщIагъэм щынэхъыфIхэм хабжэ.
Лианэ ЭндокринологиемкIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, Алмазов В. и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт самаджэщым эндокринологыу щыIэщ. И лэжьыгъэм къищынэмыщIауэ, дунейпсо конференц зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ пщащэр.
16 ноября, 2021 - 13:18
Нобэ
Зэхудэчыхыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Проект зыщIым и урысейпсо махуэщ
Таджикистан Республикэм и президентым и махуэщ
Исландием щагъэлъапIэ я лъэпкъыбзэм и махуэр
1841 гъэм къагупсысащ пхъэмыфым къыхэщIыкIа, цIыхур псым щIезымыгъэлъафэ бгырыпх.
1921 гъэм Москва къыщызэIуахащ литературэ-художественнэ институт нэхъыщхьэр.
|