Календарь событий

26 ноября 2021

Дунейр тхуэзыгъэнэху, гъащIэр тхуэзыгъэIэфI

ЩэкIуэгъуэм и 28-р Анэм и махуэщ

Уэ утхьэIухуд хьэмэрэ ущоджэнхур?

Балэ – хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.

Бэлахъуэ – хывыхъуэ.

Был Iуэгъуэ – зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.

Бырамбыху джанэ – цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъэхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.

Гуажэ хуэхъун – и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.

Гуащэв – гуащэм хуагъасэ вы.

Гъэрэхъу-щIэрэхъу – шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.

Ди IуэрыIуатэхэм дыхэплъэмэ…

«Зевс къызэралъхуар» пасэрей алыдж IуэрыIуатэмрэ «Бэдынокъуэ и сабиигъуэр» нарт хъыбарымрэ зэдгъэпщэнщ.

Зевс и адэ Крон езым и бынхэм ящышынэрт къызэрыIэту, къулыкъур трахынкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и адэ Уран зэгуэр иращIар къращIэжынкIэ. Абы къыхуалъху бын псори гущIэгъуншэу ишхырт. И щхьэгъусэ Рее хуеякъым иужьрей сабийр фIэкIуэдыну икIи и адэ-анэм я чэнджэщкIэ Крит хытIыгум кIуэри, абы и бгъуэнщIагъ куухэм ящыщ зым и къуэ нэхъыщIэ Зевс къыщилъхуащ. Рее, и къуэр и лIым щибзыщIащ икIи абы и пIэкIэ хъыдан жэрумэм кIуэцIышыхьа мывэ кIыхь ишхыну иритащ.

СурэтыщIым и лъагъуэ

Адыгэ сурэтыщI цIэрыIуэ Маргъущ Анатолэ псэужамэ, и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 21-м илъэс 70 ирикъунут.

ЕгъэджакIуэмрэ щIалэ цIыкIумрэ

Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжри, класс унафэщIыр щIыхьащ 6-нэ класс хъуа цIыкIухэр зыщIэс пэшым. Дэтхэнэми я нэгу зырызэ иплъа егъэджакIуэр сабийхэм ехъуэхъури, псори зэхуэдэу фIыуэ зэрилъагъур жиIащ. Ар пцIыт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фэджэладжэу хуэпарэ зызэкIуэцIигъэпщхьауэ иужь партэм дэс щIалэ цIыкIур фIыуэ илъагъуртэкъым абы.

Дунейм щыхъыбархэр

 

Нобэ

Информацэм и дунейпсо махуэщ

ВакъащIэм и дунейпсо махуэщ

Абхъазым и Конституцэм и махуэщ

1394 гъэм Сеул Кореем и къалащхьэ хъуащ.

1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.

1925 гъэм ягъэунэхуащ Туполевым и «АНТ-4» кхъухьлъатэр.

1943 гъэм Воркута къалэ хъуащ.

Къалэ Мухьэмэд и ехъулIэныгъэщIэ

  Урысейм  шы  фIыуэ  зылъагъуу  исхэмрэ  а  псэущхьэ   махуэр IэщIагъэ  зыхуэхъуахэмрэ  яхухэха къыдэкIыгъуэщ   «Gold  Mustang»   журналыр.  Иджыблагъэ  дунейм  къытехьа  абы  и  6-нэ номерым  Беклемишевэ  Аннэ  щытопсэлъыхь  Сардинием щекIуэкIа,  Къалэ Мухьэмэд  зыхэта  шыгъажэ  кIыхьым. «Жэнэт  хытIыгум  щекIуэкIа шыгъажэ»  зыфIища  абы  и  IэдакъэщIэкIым  щыщ  пычыгъуэ  шыр зи  щIасэ  ди  щIэджыкIакIуэхэм папщIэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ.