Календарь событий

29 ноября 2021

Бокс тхыдэм и Мухьэмэд Алий

1942 гъэм щІышылэм и 17-м зы щІалэ къуапцІэ цІыкІу дунейм къыщытехьащ Америкэм, Луисуайл-Кентукки (Louisville, Kentucky). Абы фІащат Кассиус Марселлус Клей Джейар (Cassius Marcellus Clay Jr.). 

Ершов Виталий илъэс 60 ирикъуащ

Урысейм иIэпхъукIа адыгэ хэхэсхэм я дунейр къэралым щаджыпхъэ щIэныгъэ къудамэу зэрыщытыр къэзыIэта тхыдэдж-политикхэм яз Ершов Василий езыри и адэмкIэ шапсыгъщ. Зэрыхъу хабзэу, политикэ зэхуэмыхъуныгъэ щхьэусыгъуэхэм щIалэм Iэмал къратакъым и лъэпкъыр и унэцIэм къыхигъэщыну. Ар Ершовым зэран къыхуэхъуакъым лъэпкъым и тхыдэмрэ и нобэмрэ и гъащIэри и гуащIэри триухуэну. 

Дерс щхьэхуэ хухахащ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м дуней псом щагъэлъапIэ Сабийхэм я хуитыныгъэм и махуэр.

Хэкурыс куэдым нэхърэ нэхъыфIу адыгэбзэр ещIэ

Адэжь хэкум къыхуэзышэж гъуэгуанэм адыгэ псалъэ зыбжанэ фIэкIа имыщIэу къытеувэжа адыгэ пщащэщ Берлин Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къумыкъу Уэхьбий ипхъу Жаней.  Ар 20II гъэм адыгэ псалъэ зыбжанэ фIэкIа имыщIэу Налшык япэу къэкIуауэ щытащ. Абы лъандэрэ Жаней хэкум щеджащ, щыпсэуащ, иджы кIуэж-къэкIуэжу апхуэдэщ.

- Анэдэлъхубзэр апхуэдэу псынщIэу дауэ зэбгъэщIэфат, Жаней?

ХамэщIым гур щыкIуэдыркъым

Израилыр журт лъэпкъым и хэкущ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хиубыдэ къэралщ, ЩIыкурытыхым и Iуфэм Iусщ. Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ - Ливаныр, ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ – Сириер, къуэкIыпIэмкIэ Иорданиер, ипщэ-къухьэпIэмкIэ Мысырымрэ Газэ ЩIыналъэмрэ къыщысщ. 

Дэжыгыр яблэри, зэрыблэр къахь…

ГуэщIын - зы Iуэху хьэлъэ гуэрым пэлъэщын, зэфIэгъэкIын, жыхуиIэщ.
Гунабдзэ - гулъытэ зиIэ, набдзэгубдзаплъэ.
Дэжыг - дэкIэ ябла жыг къудамэ. «Дэжыгыр яблэри, зэрыблэр къахь», жаIэ адыгэхэм.
ДзэщыкIуэ // дзэщакIуэ - зэуэкIэ хабзэ.
Жьгъыр - къурш дзакIэ.
Зэгъалъэ - бостей.
Зэлэн - зэгурыIуэн.
КIэсахъуэ - IэщIэвыщIахъуэ.

Сурэтхэм къысхуаIуэтар

Куэд щIатэкъым Мухьэмэд цIыхугъэ къызэрысхуэхъурэ, абы къыхэкIыуи, щIалэ хьэлэлу, хабзэ хэлъу зэрыщытым фIэкI, и Iуэху сыщыгъуазэтэкъым. 

Адыгэ мифологием дунейр зэриухуэр

Дунейр ухуа зэрыхъум теухуауэ адыгэ мифологием сюжет укъуэдия иIэкъым. 

Нобэ

Палестинэ лъэпкъыр дэIыгъыным и дунейпсо махуэщ. 1947 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм резолюцэ къищтащ Палестинэр Инджылызым и унафэм къыщIэгъэкIыным теухуауэ. Апхуэдэуи абы щыубзыхуат Палестинэм къэралыгъуитI – журтхэм ейрэ хьэрыпхэм ейрэ – къыщызэгъэпэщыныр.