|
Календарь событий
13 января 2022
13 января, 2022 - 18:33
Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм.
13 января, 2022 - 17:29
2022 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ «Пушкиным и картэкIэ» зэджэ банк картэм и къэгъэсэбэпыкIэм Iуэхугъуэ зыбжанэ щIэуэ халъхьэнущ.
Апхуэдэу, къэралым картэм кърилъхьэ сом мини 3-р минитху ищIащ. Абы къищынэмыщIауэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил и Iэ зыщIэлъ Унафэм ипкъ иткIэ, мазаем и 1-м щегъэжьауэ щIалэгъуалэр пщIэншэу здэкIуэ е зыщIыхьэ хъуну щэнхабзэ IуэхущIапIэхэмрэ псэкупсэ Iуэхугъуэхэмрэ нэхъыбэ хъунущ.
13 января, 2022 - 16:13
♦Урысей Печатым и махуэщ. УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.
13 января, 2022 - 15:54
Лъагэу дэлъеинымкIэ Олимп чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрыщ щыщ Ласицкене Марие «Матч ТВ» телеканалым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм япкъ иткIэ «Илъэсым и спортсмен нэхъыфI» хъуащ.
13 января, 2022 - 14:50
«Урысейм хуэдэ щIыналъэшхуэм дежкIэ цIыху мелуани 146-р мащIэ дыдэу мащIэщ», - щыжиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъэгъазэм и 23-м екIуэкIа и пресс-конференцым.
13 января, 2022 - 13:47
Шэшэн республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан илъэсипщI ипэкIэ зэпхигъэIукIауэ щытащ я лъэпкъым и цIэр зезыхьэ шы лъэпкъ зэригъэпэщыну гукъыдэж зэриIэм. Iуэхур жыжьэ ямыгъэIэпхъуэу, Шэшэн республикэм Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и агрохолдингым шы лъэпкъыфIхэр къищэхури, лэжьыгъэм пэрыхьауэ щытащ.
13 января, 2022 - 12:43
ФIэщщIыгъуейщ, ауэ ди лъэхъэнэми къэрал щхьэхуит ухъуным бэлыхьышхуэ куэд пыщIащ. Абыхэм ямыгъэшынэу, Барбадос къэралым и унафэщIхэм и кIэм нагъэсащ я къэралыр инджылыз пащтыхьыгъуэм и унафэм къыщIагъэкIын Iуэхур.
13 января, 2022 - 10:35
Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ щIыкIафIэ Къуэдз Аксанэ щызэзгъэцIыхуар Германиеращ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы къыщызэрагъэпэща, Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалым щыщ зы пшыхьыр езыгъэкIуэкIар Аксанэт. Хэкум икIахэр дыдихьэхат абы Iурылъ адыгэбзэм и къабзагъымрэ лъэпкъ Iуэхум хуэнэхъуеиншэу хамэ хэку зэрисымрэ. Ар илъэс 20-м нэблэгъауэ Германием щопсэу, щолажьэ. Унагъуэщ, пхъуитI иIэщ. Нэмыцэ къэралыгъуэм къыщаIэт сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми жыджэру хэтщ, щIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным и гуащIэ хелъхьэ.
13 января, 2022 - 09:31
Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм, щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ. ЗэрыцIыкIурэ адыгэ макъамэм щIэдэIун фIэфIщ, абы щыщIапIыкIащ унагъуэми, щеджа макъамэ школми.
Нанэ и пшынэм IэфIу сипсыхьт…
- Си анэшхуэ Тохъутэмыщ Лейла пшынауэу щытащ. СыщыцIыкIум сфIэфIу седаIуэрт нанэ зэуэ макъамэхэм. СыбгъэдэтIысхьэрти, пшынэ Iэпэр зэригъэджэгум сыкIэлъыплъырт. ИтIанэ, зезгъэщхьыну сыхэтт. Абы сипсыхьауэ къыщIэкIынущ. СыцIыкIуу пшынэр ныбжьэгъу схуэхъуащ. Адыгэ пшынэм и макъыр си тхьэкIумэм ит зэпыту сыкъыдэкIуэтеящ.
|