Календарь событий

18 января 2022

Министрыр КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм яIущIащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм иджыблагъэ яIущIащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Ахметов Артуррэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Берюковэ Аннэрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ министерствэмрэ ЩIалэгъуалэ правительствэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэм, къапэщылъ Iуэхугъуэхэм, нэхъапэ игъэщыпхъэ икIи къыхэлъхьапхъэ проектхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым еджапIэщIэхэр щаухуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2022 гъэм еджапIиблым щхьэкIэ ухуэныгъэхэр ирагъэжьэнущ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъпсо проектым ипкъ иткIэ, Налшык къалэ сабий 1500-рэ, Бахъсэн – 1224-рэ, КъалэкIыхьым (Прохладнэ) – 560-рэ, Майкъалэ – 330-рэ, Псынабэ 150-рэ, КъалэцIыкIум (Красносельскэ) – 500, Бабыгуей (Сэрмакъ) – 275-рэ зыщIэхуэну еджапIэхэр дащIыхьынущ.

И псалъэ гуапэхэмкIэ игъэгушхуэу

Илъэс 35-рэ хъуауэ Бахъсэн район сымаджэщым и хирургие къудамэм медсестрауэ щыIэ Бакъ Марие и пщIыхьи къыхэхуэртэкъым зэгуэр зыпэрыт IэнатIэр ихъуэжыну.

Доткъул Еленэ: Гум жиIэм уедаIуэмэ, ущыуэнукъым

ДыщэкI IэщIагъэм бзылъхугъэхэр зэрырилажьэр димыщIэщыгъуэми, абы нэсу хуэIэижь хъуфыр зырызщ. Апхуэдэхэм уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу яхыубжэ хъунущ сурэтыщI, дыщэкI, декоративно-прикладной гъуазджэм и лэжьакIуэ Доткъул Еленэ. Ар Бахъсэн къалэм щыщщ, щеджари абы дэт курыт еджапIэ №I-ращ. ГъуазджэхэмкIэ институтыр къиуха иужькIэ ар зэман гуэркIэ гъуазджэхэмкIэ школым егъэджакIуэу щылэжьащ,  уней хьэрычэтыщIэуи щытащ.

Ивнестицэ проектхэм хэлъхьэныгъэ хуащI

Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм инвестицэ проектхэм хуищI хэлъхьэныгъэхэр 2020 гъэм елъытауэ 2021 гъэм хуэди 8-кIэ хэхъуащ. Псори зэхэту а унэтIыныгъэм илъэс блэкIам хуаутIыпщащ сом мелуан 317-рэ.

Мыщэ шу

Шыхъуэм къиIуэтэжа хъыбар
Зэгуэрым дэ шыхъуэ пщыIэу Дзэлыкъуэ дыдэст, Iуащхьэмахуэ и лъапэ дыдэм деж.
Сэ шыхъуэ нэхъыжьу абы сыщыIэт.
ЖэщкIэрэ ди шыхъуэ щIалэр зытес шыр пщIэнтIауэ нэху къекIырт. Пшэр хъуным и пIэкIэ, нэхъ уэд хъурт.
«Сыт мы уи шыр пщIэнтIауэ нэху къыщIекIыр? Пшэр хъуным и пIэкIэ нэхъ Iей мэхъу! Си гугъэщ жэщкIэрэ умыгъашхэу утесу!» - жысIэу щIалэр щыхэзгъэзыхьым, дыхьэшха фIэкIа, зызигъэумысакъым.
Ауэ щыхъум сэ мурад сщIащ щIалэм жэщкIэрэ шыхэр зэригъэхъум сеплъэкIуэну.

Бзылъхугъэ гуащIафIэ

ЦIыхубз губзыгъэу   щхьэгъусэм и щIыбагъ быдэу къыдэту  къекIуэкIа Сосналы Любэ мы тхыгъэмкIэ фэзгъэцIыхуну   сыхуейт. Генерал, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ Любэ    дуней еплъыкIэ гъэщIэгъуэн зиIэ цIыху гуащIафIэщ.

ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм щытокIуэ

Шэшэн республикэм и къалащхьэ Грознэ дэт «Олимпийск» спорт комплексым и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ самбомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм къикIа илъэс I6-20-м ит ныбжьыщIэ 200-м щIигъу.
Къбэрдей-Балъкъэрым самбомкIэ и камндэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Уэщхъун СулътIан хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ди республикэм и бэнакIуэхэм зэхьэзэхуэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 5 къыщахьащ.

Тенджыз Iуфэм къыщыхожаныкI

ЩIышылэм и пэщIэдзэхэм ТIуапсы щекIуэкIащ «RUSSIAN SEA CUP» футболымкIэ сабий-ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2009 гъэм къалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Тэрч» командэм и футболист нэхъыщIэхэр.

НОБЭ

♦Урысейм и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я командованэ нэхъыщхьэм и махуэщ
♦Тунисым щагъэлъапIэ я Революцэм и махуэр
♦1535 гъэм
Лимэ къалэм (иджыпсту Перу къэралым и щыхьэрщ) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
♦1765 гъэм Урысей пащтыхьым указ къыдигъэкIауэ щытащ пщыхэм емыдаIуэ пщылIхэр Сыбырым ягъэкIуэну хуит ищIу.
♦1825 гъэм Москва Театр Иныр къыщызэIуахащ.
♦1925 гъэм «Новый мир» журналым и япэ номерыр къыдэкIащ.

Уэрдым Зекай: ЗыкIи сыхущIегъуэжакъым

Сыт хуэдэ гугъуехь къылъыкъуэмыкIами, ар къызэринэкIыфрэ и хэкужь къинэжмэ, ар адыгэ нэсщ. Уэрдым Зекай Тыркум къыщалъхуами, Налшык еджапIэ къакIуэри, абы иужь хамэщI игъэзэжакъым, и хэкужь исыжым нэхъ къищтэу, унагъуэ щыхъужащ, лъапсэ щигъуэтыжащ. Нобэ ар Мейкъуапэ щопсэу, щолажьэ.
- Зекай, япэ щIыкIэ зыкъэдыбгъэцIыхуамэ, ди гуапэт.
- 1976 гъэм Къайсэр сыкъыщалъхуащ. КъуажэкIэ Къарэкъуий (Къундетей) сыщыщщ, Уэрдым Хьэжы-Ихьсан и къуэ Ариф срикъуэщ.