Календарь событий

19 января 2022

Кхъахэ хъуа унэхэм ехьэлIауэ.

2022 гъэм и мазаем и I-м щыщIэдзауэ, щIыналъэ, муниципальнэ унафэщIхэм къалэн щащIынущ кхъахэ хъуа унэ зэтетхэм ехьэлIа хъыбархэр Росреестр-м ирагъэхьын хуейуэ. Апхуэдэ унэхэр зэгъэпэщыжын хуейми, ирахынухэм хагъэхьами, ЕГРН зыфIаща, къэралым и псэупIэхэр къыщыхатхыкI къулыкъущIапIэм щахъумэнущ. 

КъБР-м школыщIэу 7 щаухуэнущ

Илъэс кIуам Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтащ «Егъэджэныгъэ» федеральнэ лъэпкъ проектым. Абы и фIыгъэкIэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр курыт еджапIэхэм, гъэсапIэхэм щрагъэкIуэкIащ.

Лъэсу къэфкIухь

Сэ куэд къысщощI. ЦIыхухэм зэрыжаIэщи, гъуни нэзи иIэкъым щIэщхъу мыфэмыцу къысщыщIым. КъызыхэкIри къысхуэщIэркъым. Сызэремыгупсыса лъэныкъуи къэзгъэнакъым, итIани нэхъ кIащхъэ хъуркъым. Псалъэм папщIэ, сыт хэлъ Налшык гъущI гъуэгу станцым деж автобусым укъыщитIысхьэу Советхэм я унэм нэс укIуэну? Зыри. ИтIысхьэ, талон пхыуд, къэувыIэгъуитI дэкIым, автобусым къебэкъуэхи, лэжьапIэм щIыхьэ. Аращ зэрщытын хуейри. Ауэ…
- Тэдж, - зэхызох сэ щхьэгъусэм и макъ. - Телефоныр къоджэ.

Бжьамийхэр ирашалIэ

«Социальная газификация» президент программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым хыхьэ къуажипщIым дэт лъапсэ 52-м пщIэншэу газ бжьамийр ирашэлIащ. 

ЩIымахуэр икIыху я нэIэм щIэтынущ

ЩIышылэмрэ мазаемрэ мэз псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ уэс щIагъым я шхын къыщалъыхъуэным гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIащ. АрщхьэкIэ кIуэрыкIуэм утету абыхэм шхын е щыкъун яхуэпшиинри къезэгъыу къалъытэркъым «Росприроднадзор» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм.

Бзылъхугъэ гуащIафIэ

Къэхъун къуажэ дэт Тхылъ хъумапIэр 1952 гъэм къызэIуахауэ щытащ. Метр зэбгъузэнатIэ 30 фIэкIа мыхъу библиотекэм тхылъ мини 2 щIэлъу къежьат ар. ИужькIэ, 1970 гъэм, къуажэм ЩэнхабзэмкIэ унэ дащIыхьри, библиотекэр абы ягъэIэпхъуащ. Тхылъ зыфIэфIхэмрэ зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуэну зи мурадхэмрэ я дежкIэ гурыфIыгъуэшхуэт ар. Иджы абы ущеджэ хъун пэш хуитышхуэхэр иIэт, узыхуей тхылъхэр тыншу щыбгъуэтырт, езы IуэхущIапIэм щылажьэхэри нэжэгужэу къыпIущIэрт. 

ДыгъуакIуэр яубыдащ

Мы гъэм щIышылэм и 4-м Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм зыхуигъэзащ илъэс 31-рэ зи ныбжь къалэдэсым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, Налшык къалэ Масейм и уэрамым тет тыкуэным и бжэм хэлъ IункIыбзэр зыгуэрым икъутэри, абы щIыхьащ икIи ахъшэу сом 65 000-рэ ерыскъыхэкIыу сом 16 000 и уасэрэ къыщIидыгъукIащ.

 УМВД-м и лэжьакIуэхэм яубыдащ а щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащIар. Нэхъапэми мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа налшыкдэсым ищIамкIэ зиумысыжащ.
УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ Iуэху къаIэтащ. 

Шыпш Тимур ЦСКА-м ирагъэблагъэ

Мэзкуу и ЦСКА-м и цIыхубз футбол командэм и тренер штабым зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ.

Къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу мэлажьэ

ГъащIэм и IэфIыр цIыхухэм нэсу зыхащIэну къыщIэкIынтэкъым узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм еIэзэ дохутырхэр щымыIамэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, зи гъащIэр медицинэм тезыухуа, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ дохутырхэр и мащIэкъым ди лъахэм. 

ГазкIэ къызэрагъэпэщ

КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Ахъуэбэч Шамил хэтащ Уф-м и Правительствэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Новак Александр иригъэкIуэкIа видеоконференц зэIущIэм. 

Джылахъстэн

Нарт эпосым щыщ лIы бзаджэщ, Алыдж и къуэщ. Хъыбархэм ар зэм Акуандэ и адэу, зэм и дэлъхуу къыщокIуэ.
Алыдж, Джылахъстэн, Акуандэ сымэ ныкъуэкъуэгъуу яIэхэм ящыщщ Сосрыкъуэрэ Бэдынокъуэрэ. Ахэр зэрызэхущытыр, зэрызэныкъуэкъур зэтемыхуэу къокIуэ. Апхуэдэу, Алыдж Нарт Хасэм и тет хъуну щыхуежьэкIэ, Бэдынокъуэ ар имыдэу Алыдж Хасэм къыхехури и тхьэкIумэр пеупщI. 

Абазэ Руслан и цIэр фIащащ

Тэрч къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щызэхэтащ Урысей прокуратурэр къызэрыунэхурэ илъэс 300 зэрырикъум теухуа зэIущIэ. МахуэщIым ирихьэлIэу Урысей Федерацэм и Прокуратурэм ЩIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурору лэжьа Абазэ Руслан и цIэр а еджапIэми фIащащ.