Календарь событий

23 января 2022

Беларусым и чемпион

Беларусым и Солигорск къалэм дэт теннисымкIэ «Шахтёр» манежым ще­кIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къэралым и чемпионат. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ а къэралым и щIыналъэ псоми икIа бэнакIуэ нэхъ лъэщхэр, псори зэхэту 300-м нэблагъэ. 

Сабиигъуэм и дуней щэху

«Дыщэнэ», «Данэ»… апхуэдэ адыгэцIэ дахэхэр зи фIэщыгъэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ сабий усэхэр зэ­рыт тхылъитI. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар куэ­дым фIыуэ ялъагъу усакIуэ Нэгъуей (Архэст) Радимэщ.

КъэфакIуэ гуп нэхъыфIу къалъыта

УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыху щхьэхуэхэмрэ гупхэмрэ ехьэлIауэ 2021 гъэм и кIэм Инстаграм напэкIуэцIым щрагъэкIуэкIа IэIэтым кърикIуам тету, «Илъэсым и къэфакIуэ нэхъыфI» щIыхьыцIэр хуэфащэу къалъытащ лъэпкъ ­къафэхэмкIэ «Шэрджэс» ансамблым. 

Гур зыгъэхуабэ, гъуэгур зыгъэнэху

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум ущытепсэлъыхькIэ, япэ зи цIэ къиIуэн хуейхэм ящыщщ лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, ар ипэкlэ зыгъэкlуэтэфа, усыгъэм езым и гъуэгу щызыубзыхуфа ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр.

Зи зэфIэкIыр лъагэ

ЗыхэпсэукI зэманым, гъащIэм жыджэру хэтхэр, дзыхь къыхуащI IэнатIэр егъэфIэ­кIуэным, зегъэужьыным гурэ псэкIэ хущIэкъухэр, ди гуапэ зэрыхъущи, куэду яхэтщ иджырей щIалэгъуа­лэм. Ап­хуэдэ цIыхухэм ящыщщ Аргудан къуажэм дэт курыт школ №3-м адыгэ­бзэмрэ ­литературэмрэ ще­зыгъэдж, абы и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэ­лъакIуэу зы­къэзыгъэлъэ­гъуа, зэхэщIыкI куу зиIэ хэкупсэ нэс Мэшыкъуэ Радимэ.