Календарь событий

25 января 2022

НОБЭ

ЩIышылэм и 25
Гъубж

♦Урысейм щагъэлъапIэ Студентхэм я махуэр (Татьянэхэм я махуэр)
♦Урысей Федерацэм и Дзэ-Тенджыз флотым и кхъухьхэм я унафэщIхэм я махуэщ
♦1908 гъэм
къалъхущ Адыгэ Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Бэч Мэлэчхъан.
♦1935 гъэм къалъхуащ сабий усакIуэ Щоджэн Аслъэнджэрий.

Фестивалым пашэ щохъу

Бахъсэн район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр щытекIуащ Адыгэ республикэм щекIуэкIа «Возвращение к истокам – путь к возрождению» фестиваль-зэпеуэм. 

Дзэлыкъуэ районым и бзылъхугъэхэр

Дзэлыкъуэкъуажэ утыку къыщрахьащ «Зольчанка» тхылъыр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм тхылъ-щIэнгъуазэу къалъыта къыдэкIыгъуэр траухуащ дзэлыкъуэдэс бзылъхугъэхэм – анэхэм, егъэджакIуэхэм, дохутырхэм, щIэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, мэкъумэш IэнатIэм я лэжьакIуэхэм, къэралым къулыкъу хуэзыщIэхэм. Ар я Iэдакъэ къыщIэкIащ Джатэ Руслан, Бжьахъуэ Ранетэ, КъуэщIысокъуэ Iэсият сымэ.

Япэу къежьа Iэщэ лIэужьыгъуэхэр

Нартыр гъуэгу техьэн, зекIуэ ежьэн и пэ Iэщэ-фащэкIэ зызэщIеузадэ - зекIуэ ежьа нартым нэхъыбэрэ дэплъагъур шабзэрэ джатэрэщ; бжы е бжыщхьэ дыкъуакъуи зэрехьэ нартым. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ шабзэри, джатэри, бжыри япэ дыдэ къежьа Iэщэхэм зэращыщым. Джатэ ящI щыхъуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, гъущIыр дунейм къытехьа нэужьщ, абы и пэ ящIащ шабзэмрэ бжымрэ, ауэ а тIури Iэщэ шынагъуэ щыхъуар гъущIыр къежьа нэужьщ: щIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIокIыж шабзэшэмрэ бжымрэ палъхьэу щыта гъущI папцIэхэр.

Тыркум щыIэ ХьэпцIей жылэр

Тыркум щыIэ Хьэпцlей къуажэм дэсхэр  1870 гъэхэм Къэбэрдейм и Джылахъстэней щIыналъэм икlыу lэпхъуахэм ящыщщ. Къуажэр зыухуар Хьэпцlэ Мэжидщ. Абы и гъусэу а щIыпIэм щетIысэхат  Тап Бабу, Бэгъуэт Мусэ, Къандур Шамил сымэ, нэгъуэщIхэри. ИужькIэ яхэтIысхьащ Елъкъанхэ, Тапхэ, Щамырзэхэ, Цейхэ, Быхъунэхэ, Фочыщlэхэ, Бэрэзджхэ.
Къуажэр Узун-Яйлэ щIыналъэм иужь дыдэу итlысхьахэм ящыщщ. Къуэгъулъкъуейрэ Жаныкъуейрэ я гъусэу щетIысэхащ ахэр абдеж. ИужькIэ, аргуэру Хьэждэгухэ, Ефэндыхэ яхэтlысхьащ.

ХуэбгъэфащэкIэ зэфIэкIкъым

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-рэ зи лъагагъыр.
ЭТИМОЛОГИЕМ (псалъэпкъхэм я лъабжьэхэр къэзылъыхъуэ щIэныгъэм) зыдезыгъэхьэххэм куэду яхэтщ зэман блэкIахэм къахэтэджыкIа щIыпIэцIэхэр, гурыIуэгъуафIэ тщащI къащыхъуу, нобэрей бзэхэм я IукIэм хуэзыгъакIуэхэр. Абыхэм къалъытэну я щхьэ тралъхьэркъым бзэм и пкъыгъуэу фIэщыгъэцIэм ехьэлIахэр блэкIа лIэщIыгъуэхэм «я кIыщым зэрыщыщIаIущIыкIар».

Адыгэлъ зыщIэт Фахрие Эвджен

Куэдым фIыуэ ялъэгъуа актрисэ цIэрыIуэ Фахрие Эвджен и анэр адыгэщ.
Тырку литературэм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу хэтхэм ящыщщ Гюнтекин Решад и Iэдакъэ къыщIэкIа «Псейбзум уэрэд къреш» романыр.

Мылыр быдэкъым

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм     и лэжьакIуэхэм щыплъыращ Налшык и «Трек» гуэлым. Ар тещIыхьащ цIыхухэм я шынагъуэнгшагъэр къызэгъэпэщыным. Гуэлым псыр ижыпакъым, щтыуэ щIидзащ, щIыпIэ-щIыпIэхэм мылым и Iувагъыр см. 1,5-рэ хъууэ аращи, утехьэнкIэ Iэмл иIэкъым. Абы къыхэкIыу щIыпIэм щагъэуващ цIыхухэр мылым техьэну хуит зэрамыщIыр зытетха пхъэбгъ. КъинэмыщIауэ, паркым къыщызыкIухьхэм епсэлъащ шынагъуэ къыздикIынкIэ хъунум теухуауэ, ахэм теухуа тхыгъэ кIэщIи иратащ..

МазэцIэхэр

Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, илъэсым и пIалъэхэр зэрызэблэкIынур зыпыщIар Вагъуэбэрт. Ар щIым къыщыхэкIым и деж (иджырей мартым и 21-22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, адыгэ илъэсыщIэр къихьэрт.
Гъатхэм хеубыдэ гъатхэпэм (мартым) щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр
(апрелыр) – махуэ 30, накъыгъэр (майр) – махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм (июным) щыщу махуэ 22-рэ.
МэкъумэшыщIэр иужь итт гъатхэм мыбэлэрыгъыным. Ижь-ижьыж
лъандэрэ жаIэ : «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ».

Хъуэхъу кIыхь

ГушыIэ
Куэбжэр кIыргъамэ, унагъуэм я щхьэфэцым зиIэту къэнат: алыхь-алыхь, Мысхьуд аргуэру хъуэхъуакIуэ къокIуэ, жаIэрти, псори щхьэгъубжэм дэплъырт. Дыгъужьым ишхри имышхри тохуэ, жаIэ щхьэкIэ, ахэр щыщыуэр зэзэмызэт: пэж дыдэу, БжыхьыщIэхэ я куэбжэр «пшынэ зыхуеуар» Мысхьуду къыщIэкIырт.

Хьэлимэт дунейпсо зэхьэзэхуэм зыхуегъэхьэзыр

КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн IущIащ ушумкIэ Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм щытекIуа икIи къыщыхэжаныкIа Газаевэ Хьэлимэтрэ абы и гъэсакIуэ Къарэмырзэ Зауррэ.