Календарь событий

04 мая 2022

ЛIымрэ хъумпIэцIэджымрэ

ЗылI, хьэмым Iуэуэ здытетым, гуэдз хьэдзэ зыхь хъумпIэцIэдж къыIэщIэлъэгъуащ.
- Уи щхьэр зэрыгъум! – щIэнэкIащ лIыр хъумпIэцIэджым.
- Акъыл илъщи, гъумщ, - жэуап къритыжащ хъумпIэцIэджым.
- ИкIи уплIабгъуи! – игъэщIэгъуащ лIым.
- ГуащIэ схэлъщи, сыплIабгъуэщ, - жиIащ хъумпIэцIэджым.
- Уи бгыр щхьэ псыгъуэ-тIэ?
- ШхынкIэ сызыхуосакъыжри, аращ щIэпсыгъуэр.
- Ари хъунщ, - жиIащ лIым. – Гуэдз хьэдзэр дэнэ пхьырэ?
- ХъумпIэцIэдж Iуащхьэм сохь.
- ДапщэкIэ урикъун гуэдз хьэдзэм? – еупщIащ лIыр.

«ЦIыху. Унэ. Жыг…»

Аращ и фIэщыгъэр балъкъэр сурэтыщI цIэрыIуэ Занкиши Ибрэхьим и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу иджыблагъэ Лъэпкъ музейм къыщызэIуахам.

ЩIы лъабжьэм щIэт къалэхэр

ЩIы лъабжьэм къалэ псохэр хэщIыхьауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ къызэрыщагъуэтам и хъыбар зэхэфхауэ къыщIэкIынщ.

IэмалыщIэхэр къагъэсэбэп

Псом нэхъ шынагъуэу къалъытэ уэсукхъуэ псыIэр Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщехыр иджы хуэдэ зэманырщ - мэлыжьыхьым и кум щыщIэдзауэ накъыгъэм и кIэм нэсыху.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 НэгъуэщI къэралхэм къикIыу Урысей Федерацэм визэкIэ къакIуэ лэжьакIуэхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зыхуей бжыгъэр убзыхунымкIэ Правительствэм и комиссэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2022 гъэм          мэлыжьыхьым и 25-м          Налшык къалэ          №93-ПП

Республикэм щыщ гвардейцхэр даIыгъ

Лъэпкъ гвардием и 2-нэ дзэ госпиталу Псыхуабэ къалэм дэтым щIэлъ зауэлIхэм папщIэ псапэ Iуэху иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм. 

Зэкъуэшищ

НэщIэпыджэхэ я зэкъуэшищ хэтащ Хэку зауэшхуэм. НэхъыжьитIыр - Мусарэ Къасымрэ – зэрыхэкIуэдам и хъыбар къаIэрыхьауэ щытащ, ауэ ахэр щыщIалъхьа щIыпIэм зыри щыгъуазэтэкъым. Абыхэм я шы нэхъыщIэ Жэмалдин хъыбарыншэу кIуэдат, 1943 гъэ лъандэрэ. 
Дэ, абыхэм я къуэрылъхухэм я бынхэм, ди адэ Альбертрэ ди Iыхьлы ХьэщIэмыз Юрийрэ ди дэIэпыкъуэгъуу, ди нэхъыжьхэм яубла Iуэхур дгъэкIуатэу, адэшхуэхэм я хъыбар дылъыхъуэу щIэддзащ. Ауэ зауэм хэтахэм я унэцIэхэм щыуагъэ хэту зэратхам къыхэкIыу, куэдрэ къыдэхъулIакъым ди мурадыр. 

«Дыдейхэм дакъуэтщ»

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм «Дыдейхэм дакъуэтщ» зыфIаща сурэт гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахащ. 

Къэмыланджэр телъыджэлъыхъущ

Дигу къэдгъэкIыжынщи, НАСА – м и IэщIагъэлIхэм зэхагъэува Iэмэпсымэ телъыджэу Къэмыланджэ (Perseverance) зыфIаща роверыр -геолог, астробиолог къалэнхэр зыгъэзащIэ роботщ. ЩIэныгъэлIхэм къагупсысу Iэзэ дыдэу зэхагъэувэжа а Iэмэпсымэм килограмм I043-рэ и хьэлъагъщ.

ЛIыхъужьым и гъуэгуанэ

Кхъуэхъужь Адэлджэрий Сосрыкъуэ и къуэр 1918 гъэм Курп Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. Тырныауз къалэм дэта рудникым щылэжьэну щIидза къудейуэ, 1941 гъэм и бадзэуэгъуэм абы сэлэт шинелыр щитIэгъэн хуей хъуащ.

Нобэ

Латвие Республикэм и щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэр къыщащта махуэщ. 1990 гъэм Латвие ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Совет Союзым къызэрыхэкIыжым икIи къэралыгъуэ щхьэхуэ зэрыхъужым теухуауэ.
Японием щагъэлъапIэ ЩхъуантIагъэм и махуэр
Китайм и ЩIалэгъуалэм я махуэщ