Календарь событий

05 мая 2022

ЗэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэрэ Мэзкуу дэт, медицинэмрэ стоматологиемкIэ къэрал университетым и ректор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик Янушевич Олегрэ иджыблагъэ Iэ щIадзащ «Лэжьыпхъэхэр-2030» къэрал программэм стратегие и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэ зрит щIэныгъэ зыужьыныгъэм ехьэлIа къалэнхэр гъэзэщIэным хуэунэтIа зэгурыIуэныгъэм.

ТхакIуэхэм я гущIагъщIэлъхэр

 Дуней псом зрагъэхъуэжыну хэти хуейщ, ауэ зыри егупсысыркъым езым зэрызихъуэжыпхъэм.
Толстой Лев.
Сытми хунэсыр, зыщIыпIи мыпIащIэрщ.
Булгаков Михаил.
Зы щIэблэм адрейр толъкъуным хуэдэу «къытолъадэ», нэхъыщхьэращи, зым-зым теухуауэ зыри ящIэркъым.
Тютчев Федор.
Сыт хуэдэ къэралми и щIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыпIэ щапIам хуэдэщ.
Сталь де Жерменэ.

ЦIыхум и акъылым зезыгъэужь

IэщIагъэлIхэм къызэрапщытамкIэ, иужьрей илъэсхэм щIалэгъуалэм тхылъ еджэным гулъытэ хуищI хъужащ. АбыкIэ сэбэп хъуауэ къалъытэ электроннэ тхылъхэр я Iэпэгъу зыщI гаджетхэр къызэрыунэхуар.
АтIэ сыт щIалэгъуалэр зэджэр? Нэхъыбэу зи цIэ къраIуэхэм ящыщщ:
1. Булгаков Михаил и «Мастер и Маргаритэ» романыр. Ар классикэ зэрыхъурэ куэд щIащ, литературэ жанр зэхуэмыдэхэр щызэхэухуэна тхыгъэм щIалэгъуалэр дехьэх фантаскикэрэ сатирэрэ абы зэрыхэтымкIэ, лъагъуныгъэ къызэрыхэщымкIэ.

Ирауд бэнэнкIэ зигъэнщIыркъым…

Си гукъэкIыжхэм щыщщ…
Майм и 9 -р хуабэу нэху къекIащ. А махуэм и мыхьэнэр къызыгурыIуэ дунейм зигъэщIэрэщIащи, гулъытэншэу къыпхуэгъанэркъым. Сиреным и бостей нэхъ дахэ дыдэр щитIэгъауэ, нысащIэм хуэдэу къыпхуогуфIэ. Абы къыкIэрих «дыхумэр»-щэ?! Ауэ итIанэми, уэлбанэ хъуну фэ тетщ. Дыгъэр къыкъуэплъ пэтми, уэшхыр и чэзум йожьэри «тетIысхьэпIэм тесщ».

Зэманым и лIыхъужь

Сосналы СулътIан и цIэр Кавказым и тхыдэщIэм хэтха хъуащ, а цIыхум адыгэ лъэпкъым и пщIэр зэриIэтам шэч хэлъкъым.

ГуащIафIэрэ гуапэу

Хьэл-щэнкIэ дахэ, псэкIэ гуапэ, зи псалъэр Iущ бзылъхугъэр лъэпкъ узыншэм и нэщэнэщ. АбыкIэ щапхъэщ Урысей Федерацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Налшык 4-нэ школ-гимназием и унафэщI Нэгъуей Риммэ. 

Зи усыгъэр щIэщыгъуэ

НыбжькIэ щIалэ цIыхур литературэм щыхыхьэкIэ абы кIуапIэу тIу иIэ хабзэщ. Япэр – нэхъ балигъ хъууэ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэбакъуэу, нэгъуэщI IуэхухэмкIэ тещхьэрыукIыу, литературэр IэщIыб ищIыжынырщ, етIуанэр – зэчий къызыдалъхуар, зи лъым хэпщауэ дунейм къытехьар и гъащIэ Iыхьэр иухыхукIэ къыхиха гъуэгуанэм тетынырщ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, а гъуэгуанэм къытекIыныр е дидзыхыныр псэкIэ хузэфIэмыкIынырщ. И усэ купщIафIэхэм ятепщIыхьмэ, а гъуэгур зи натIэхэм ящыщу къэлъытапхъэщ Гугъуэт Заремэ.

«Умыпапщэ, ТIкIам!», - жаIэрт

Жанхъуэтхьэблэ хъыбархэм щыщщ
Ди гъунэгъу Дол ТIкIам граждан зауэм щыгъуэм Къатхъэн Назир и дзэм хэту тIэкIурэ зэуат. И адэ Уэрыши езы ТIкIами Совет властыр щыувам щыгъуэ япэу абы еувэлIахэм ящыщт. Ауэ Совет властым иригъэкIуэкI политикэр игу иримыхьу, и бий хъужат. Колхоз яухуэну зэпхыжаIыкIыу щыщIадзэм, ар зымыдэ Чэрты Исмел и хъыбар щэхуу зэрахьэхэрт.

НОБЭ

Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
Япониемрэ Корее Ипщэмрэ щагъэлъапIэ Сабийхэм я махуэр
Белоруссием Печатым и махуэр щагъэлъапIэ
Австрием щрагъэкIуэкI залымыгъэмрэ расизмэмрэ япэщIэтыным и махуэм хуэгъэпса Iуэхухэр
Къыргъызым и Конституцэм и махуэщ

1836 гъэм Европэм щыяпэ дыдэу Бельгием гъущI гъуэгу щаутIыпщащ.
1912 гъэм «Правда» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.