Календарь событий

09 мая 2022

Зауэм теухуа пэжхэр

*   *   *

Гитлер и бий нэхъыщхьэу къилъытэр Сталинтэкъым, атIэ Левитан Юрийт. Диктор цIэрыIуэм и щхьэр къыхуэзыхьым маркэ мин 250-рэ иритыну жиIэрт зэрыпхъуакIуэм. Сталиным ар ищIэрти, Левитан ягъэпщкIурт, икIи дикторым и шыфэлIы­- фэм теухуауэ хъыбар нэпцIхэр ягъэIуурэ, бийм Iэрагъэхьакъым.

*   *   *

Балъкъэр Аслъэнбий и гъуэгуанэ гугъухэр

Ди Хэкум и дежкIэ накъыгъэр къызэрыгуэкI мазэкъым. Абы хеубыдэ ар зи щхьэ хущытыж къэрал хуит щыхъужа, 1939 - 1945 гъэхэм екIуэкIа ЕтIуанэ дунейпсо ­зауэм и Iыхьэ нэхъ ин дыдэу къалъытэ Хэку зауэшхуэр ди ТекIуэныгъэ ИнымкIэ щиуха махуэр. 

Нэпс ткIуэпс

Хэку зауэшхуэр зищIысу щытар нэсу зыхэзыщIэфыр абы пхыкIарщ, ар зи нэгу щIэкIарщ, абы и хьэзабымрэ и бэлыхьымрэ, и гуауэр зыгъэварщ. ИкIэм-икIэжым, ­зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум халъхуа щIэблэрщ.

Си адэшхуэм къиIуэтэжауэ щытар…

Зауэшхуэр къэхъеят, ­уна­гъуэхэм лъапсэрыхыр ирилъ­хьэу: сабийхэр зеин­шэу къигъанэу, цIыхубзхэр фызабэ ищIу, анэхэр къуэ­хэм я гуауэм иригъэхьыжу... Аращ зытеухуар си адэш­хуэ Мырзэкъан Му­зэрин къи­Iуэтэжа мы хъыбарри:

Ныбжьэгъур пфIэкIуэдыныр псом нэхърэ нэхъ хьэлъэщ

Хэку зауэшхуэм хэта цIыху сы­хуэзэхукIэ пIейтей сохъу: ярэби, къысхуэгъэпсэлъэну, си ­уп­­щIэ- ­хэм­кIэ гугъу езмы­гъэ­хьыну пIэрэ жысIэу. Ауэ дакъикъэ бжы­гъэ докI­ри, здэ­кIуар сымы­щIэу мэб­зэ­хыж си гур зэрыгъуар.