Календарь событий

10 мая 2022

ЛIыхъужьу къэнащ

Унагъуэм и тхыдэм теухуауэ нобэ къапщIэ хъунур пщэдейм помыгъаплъэ. Псом хуэмыдэу а хъыбарыр зы­хъумэм и ныбжьыр хэкIуэтамэ… Апхуэдэу итщ Мартышинэ В.С. и «Твоя родословная» зыфIаща и тхылъым. 

Бэрау зэшхэр

Совет Союзу щытам зы унагъуи идгъуэтэну къыщIэкIынкъым 1941 - 1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм и нэп­къыжьэ зыжьэхэмыуа. Иджы мы махуэхэм, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 77-рэ щрикъум ирихьэлIэу, а лъэхъэнэ хьэ­лъэм яфIэкIуэда нэхъы­жьыфI­хэр я Iыхьлыхэм ягу къагъэкIыж, абыхэм я фэ­еплъ нэхум пщIэ хуащI. 

Хэкурыс адыгэхэм я щIыхуэ ттелъщ

Дэ дыщыхэхэсым, хэкум къыщыдэкI тхылъ­хэм ящыщу мащIэт къытIэрыхьэр. Тхылъхэр зэпэт­лъытыну, тхакIуэхэр зэд­гъэпщэну, лэ­жьы­гъэхэм я нэхъы­фIыр къыхэтхыну Iэмал диIакъым.

Фэеплъырщ цIыхугъэр зыIэтыр

ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ къэблагъэм ди щIыналъэм ехьэжьауэ зэрызыхуигъэ­хьэ­зырым и нэщэнэщ къуажэхэми къалэхэми абы зыдащIу, нэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэм и теплъэгъуэкIэ уэрамхэри, IуэхущIапIэхэри, еджапIэхэри зэрагъэщIэращIэр. ЗэIущIэ­хэр къызэрагъэпэщ, гъэлъэгъуэныгъэхэр ящI, зекIуэхэр зэхашэ.