Календарь событий

13 мая 2022

Уафэгъуагъуэ уэшх

Щыблэмрэ уэмрэ дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм ящыщщ. Абыхэм мафIэс къагъэхъу, мэзыр зэтрагъасхьэ, энергосистемэ лъэщхэр зэтракъутэ.
А къэхъугъэм и удын зытехуэхэм ящыщщ жыгыщхьэ закъуэхэр, псым тет кхъухьхэр, уэгум ит кхъухьлъатэхэр, бгылъэ промышленностым и IэнатIэхэр, унэ лъагэхэр, тхыдэм и щIэину ябж чэщанэхэр. Щыблэм цIыхухэри щиукI куэдрэ къохъу. Пшэ электричествэм нэхъ зыкъызэригъэлъагъуэ теплъэ шынагъуэу икIи къызэрымыкIуэу иIэр атмосферэм гъуэгуанэ кIыхь щызыкIу электродыншэ щыблэшэрщ.

Уэсмэн къэралыгъуэм и адыгэ анэхэр

ЕпщыкIутхуанэ-епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уэсмэн къэралыгъуэмрэ адыгэхэмрэ  Iуэху куэдкIэ зэпыщIауэ щытащ. 

Япэ текIуэныгъэр мэлыжьыхьыращ къыщахьар

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм хыхьэ зэIущIэхэр и кIэм ноблагъэ. Гъэ джэгугъуэм щIэдзэкIэжыфI езымытыфа «Спартак-Налшыкым» мэлыжьыхь мазэми командэм къыдэщIхэр зэригъэгушхуа щIагъуэ щыIэкъым.
ТIощIрэ езанэ джэгугъуэм зэхэтын хуеяуэ, дунейм и щытыкIэм къыхэкIыу ягъэIэпхъуауэ щыта «Спартак-Налшыкымрэ» «Биолог-Новокубанск»-мрэ я зэIущIэмкIэ мэлыжьыхьыр къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм.

Сурэтхэм псэ къахохьэж

Дэрбзэр, IэпэIэсэ Къущхьэ Iэсият нэгъабэ екIуэкIа «Байкал-202I» зэхуэсым иригъэхьауэ щыта «Ожившие фотографии» проектыр грант зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм нэхъыфIу къалъытащ. Iэсият проектым иджыпсту жыджэру йолэжь. НэхъапэIуэкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэр зыхэта «Мэшыкъуэ-2020» щIалэгъуалэ зэпеуэм Iэсият къыщихьа грантым и фIыгъэкIэ къехъулIащ «Лъэпкъ щэнхабзэм зэпымыууэ зегъэужьын хуейщ» проект щхьэпэр.

Акъылыншэм и Iуэхур щхьэхуэщ

Муслъымэнхэр зылъагъу мыхъу цIыху зэрыщыIэр гурыIуэгъуэщ, ауэ НэщI мазэм утыкум укъихьэу, дуней псор къыпщIэплъу КъурIэн бгъэсын папщIэ, е акъылкIэ усымаджэу, е укъызэкъуэгушхукI щыIэу щытын хуейщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Литературэмрэ гъуазджэмкIэ и къэрал саугъэтхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щIышылэм и 26-м къыдигъэкIа Указ №I0-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и  Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм езыджэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм дзэм езыджэ я комиссэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 2I-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэр щыхъумэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэзыгъэуIу штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №2I-РГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) лэжьыгъэхэр зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Кужонов Ж.А. – Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)

НОБЭ

УФ-м и Тенджыз ФIыцIэ флотым и махуэщ. 1783 гъэм тенджыз ФIыцIэм къыщызэрагъэпэщащ Урысей флотыр.
1754 гъэм пащтыхь гуащэм, Пётр Езанэм ипхъу Елизаветэ, унафэ ищIащ Урысейм япэ къэрал банк къыщызэгъэпэщыным теухуауэ.
1829 гъэм Пушкин Александр Москва кърагъэкIри, Кавказым щызауэ дзэм хагъэхьащ.
1836 гъэм Урысейм ухуэн щыщIадзащ къэралым щыяпэ гъущI гъуэгур, Петербург – Царское Село – Павловск щIыпIэхэр зэпызыщIэнур. Километр 26-рэ зи кIыхьагъ а гъуэгур къызэIуахат I837 гъэм щэкIуэгъуэм и II-м.