Календарь событий

22 мая 2022

БжыгъэкIэ куэд мыхъуми

АДЫГЭХЭР лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм я тхыдэр апхуэдизкIэ жыжьэ зоIэбэкIыжри, адыгэхэм я блэкIам елъытауэ, дэтхэнэ зыми зи гугъу ящIхэр дыгъуасэрей хъыбарщ.
Адыгэхэр нэгъуэщI телъыджэ гуэркIи псоми къахощ: ахэр зэрыпхъуакIуэм и унафэ зэи щIэтакъым.

Иужьрей лIыхъужь

Фи пащхьэ итлъхьэ уситIыр зи Iэ­дакъэщIэкIыр Мыз Радик Борис и ­къуэрщ. Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ, и IэщIагъэкIэ агрономщ. Радик ящыщкъым лъэпкъ Iуэхум, респуб­ликэм, къэ­ралым щекIуэкIхэм хуэ­дэгу-хуэ­нэф­хэм. Ирогушхуэ адыгэм и блэ­кIам, дяпэ ита лIыхъужьхэм, иропIейтей ди нобэм, ди щIэблэм я ­пщэдейм.

Адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ

Тхыдэдж-бзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъы­тэм­кIэ, адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ауэ щы­хъукIи, абыхэм куэд щIауэ яIэщ ахэр адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ нэхъыщхьэхэм халъытэ ныпри. 

ХьэкIувхэр псэ быдэт

Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа ады­гэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм ­зэман кIыхьым къриубыдэу къе­ныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX лIэ­щIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Уры­-     сей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэ­кIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гуп щхьэхуэхэр. ХьэкIувхэрщ зи гугъу тщIыр (кIахэ адыгэхэм «хьэкIуцу», урысхэм «хакучи» жаIэрт). Ахэр шапсыгъхэу къалъытэрт, зэрыпсалъэу щытари абыхэм я бзэрщ, тIэкIу зэхъуэкIа хуэдэу къыпщы­хъункIэ хъунуми.

Джолан - тхыдэм и дерс

Адыгэхэм хамэ хэгъуэгур анэнэпIэсым хуагъадэ. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм зи хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм Уэсмэн къэралыгъуэр къызэрыпежьам псори фIыуэ дыщыгъуазэщ. Мыбдеж я нэгу щыщIэкIамрэ яшэчамрэ иримыкъуа нэхъей, адыгэхэм псэхугъуэ щагъуэтакъым КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Ди лъэпкъым къыхуэгущIэгъунша гъащIэр абдежми къащыщысхьакъым. Дауэ мыхъуа­ми, хэкум гъазэрэ еплъэкIрэ щыIэтэкъым, зыгуэрурэ псэун, гъащIэм пыщэн хуейт.