Календарь событий

26 мая 2022

«Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ»

Пасэ зэманым нысащIэ къашагъащIэм илъэскIэ Iуэху хьэлъэ ирагъащIэу щытакъым: псалъэм папщIэ, ар унагъуэм къыщихьагъащIэхэм пщафIэртэкъым, пщэфIапIэм зыри щищIэххэртэкъым. Ауэ, «укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ», - жаIэу щIыщытар нысэм укIытэ хэлъу, Iэщабэ-Iущабэу зэрызигъэлъэгъуэн хуейр арат икIи Iуэху мыхьэлъэ зэмылIэужьыгъуэхэри и пщэ дэлът. Арауэ къыщIэкIынщ, «Гуащэ темышэрэ пэт жыхампхъэ къещтэ», щIыжаIар. Абы унэр зэлъыIурагъэхырт, пэш кIуэцIым щагъэпхъанкIэрт, дэрбзэр лэжьыгъэ мыгугъухэр ирагъащIэрт.

Унагъуэ хуэмыщIахэм зэрызыщIагъэкъуэ Iэмалхэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, щытепсэлъыхьащ унагъуэ хуэмыщIахэм защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм къигъэсэбэп Iэмалхэм.

Илъэситху зэрыхъурэ къофэ

«Къафэм псэщIэ къыпхелъхьэри, зэпымыууэ нэхъыфI узэрыхъунум ухущIегъэкъур. Къафэм цIыхум зрегъэхъуэж. Сэ сыкъыщыфэкIэ, дуней псор сщогъупщэ. ГуфIэгъуи, нэщхъеягъуи, губжьи, лъагъуныгъи, нэгъуэщI гурыщIэ куэди кърыбоIуэтэф къафэ гъуазджэм. А Iуэхум хэмыт цIыхуми къафэбзэр къыгурыIуэнущ, ар зыгъэзащIэр гурэ псэкIэ утыку итмэ», - жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ингуш Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым илъэс 25-м нэблэгъауэ хэт Архэст Иринэ.

Мэкъуауэгъуэ

Еханэ мазэ, июныр, мэкъуауэгъуэр къызытекIамкIэ зэтемыхуэ еплъыкIитI щыIэщ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар римлянхэм я тхьэ Юнонэ и цIэм епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зэпхар Рим и япэ консулу щыта Юний Брутщ.

Махуэшхуэ зекIуэм зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну махуэшхуэ зекIуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыну Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим IуэхущIапIэхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэм иджыблагъэ яIущIащ.

Саугъэт нэхъыщхьэхэр къыхуагъэфащэ

Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, Къурашэ Эдуард зи художественнэ унафэщI «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым, VI-нэ лъэпкъ къафэ конгрессым хыхьэу, Сочэ къалэм мэлыжьыхьым и 30 - накъыгъэм и 3-хэм щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII-нэ грант къафэ зэпеуэмрэ Владикавказ къалэм накъыгъэм и 13 - 15-хэм щызэхэта зэхьэзэхуэмрэ саугъэт нэхъыщхьэр - Гран-при-р къыщихьащ.

ЕпцIыжакIуэр къызэрыщIагъэщар

Урыс-Кавказ зауэм куэдрэ тетхыхьа Маркс Карл «Тхыдэм щыщ напэкIуэцI гъэщIэгъуэн» зыфIища, 1858 гъэм инджылыз газетхэм я зым къытрыригъэдза тхыгъэм щытопсэлъыхь адыгэхэм гъэпцIагъэкIэ къабгъэдэта венгр тIасхъэщIэх Бандья Янош. 

КъегъэлакIуэхэм я фIыщIэкIэ

Накъыгъэм и 23-м Iуащхьэмахуэ бгым къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлыныгъэ лэжьыгъэ гугъухэр щрагъэкIуэкIащ, дэIэпыкъуэгъу хуейуэ къэлъэIуа зыплъыхьакIуиплIыр къешэхыжыным пыщIауэ.

А гугъуехьыр кърикIуат дунейм и щытыкIэр зэрызэIыхьам - жьышхуэ къепщэрт, щIыIэр градус 30-м нэс ехат.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Химикым и махуэщ

♦Урысей хьэрычэтыщIэм и махуэщ

♦Урысей шууейм и махуэщ

♦Куржым и лъэпкъ махуэшхуэ нэхъыщхьэщ – щхьэхуитыныгъэм и махуэщ

♦Польшэм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр

♦1896 гъэм Урысейм и пащтыхь тажыр щхьэратIэгъащ Николай ЕтIуанэм - иужьрей урысей императорым. А Iуэхум и щIыхькIэ медаль щхьэхуи къыдагъэкIауэ щытащ къэрал лIыщхьэм и унафэкIэ.