|
Календарь событий
29 мая 2022
29 мая, 2022 - 12:32
•Псалъэ бзаджэ губзаджэщlщ, гурыщхъуэ щIыныр хуэмыхугъэщ.
•Псалъэ бутlыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж.
•Псалъэ дахэм гъущlыр къегъэш.
•Псалъэ дахэм пщIэ щIатыркъым.
•Псалъэ мышыур шхын мышыум хуэдэщ.
•Псалъэ щабэ гущабэщlщ.
•Псалъэ IэфIыр мэгъущlэри, псалъэ дыджыр мэщIытэ.
•Псалъэм псалъэ покIуэжри, удыным удын покIуэж.
•Псалъэм уемыплъ, къипсэлъым еплъ.
•Псалъэр куэдрэ жыпIэмэ, мэ щоу.
•Псалъэр куэдрэ бгъэныщкlумэ, IэфI хъужыркъым.
•Псэлъэрейм едэlуэгъуейщ.
29 мая, 2022 - 12:20
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ «5 веков органной музыки» фIэщыгъэм щIэт пшыхь гуапэ.
29 мая, 2022 - 11:30
Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэщIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщ зыщ. Шэч хэмылъу, а зырауэ щытынкIэ мэхъу Азие Ипщэм щыIауэ кIуэдыжа бзэхэм я щэхухэр къэхутэнымкIэ «IункIыбзэIух» хъуфынури. Зэгуэр лъэщ дыдэу щыта бзэ зэлъэпкъэгъухэм я зы пыудахуэ абхъаз-адыгэхэм я бзэм къыпкърыкI къарум къуегъащIэ ахэр зыхэпсэукI дунейр зэхэзыщIыкIыфынур акъылкIэ даIуэ цIыхурауэ зэрыщытыр.
Мессарош Лайош,
венгр щIэныгъэлI. 1839 гъэ
Адыгэбзэм и лъапсэгъущ
29 мая, 2022 - 11:18
Техник ныбжьыщIэхэм я станцым, Нало Залым и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэтым, щекIуэкIащ пневмат фочымкIэ нэщанэ еуэнымкIэ Аруан районым и зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрихьэу хэта Жамборэ Щэуал. Абы и фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтащ Аруан районым и курыт еджапIэхэм щIэсхэр.
29 мая, 2022 - 10:29
Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я бзэращ. Дэтхэнэри зей лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыф Iэмэпсымэщ, абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ къызэрыпщIэф Iэмалщ.
29 мая, 2022 - 10:22
КъБКъУ-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэта, Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Сабий музыкэ школ №1-мрэ Налшык къалэм и гимназие №14-мрэ я гъэсэн Куэцэ Идар и ныбжьым емылъытауэ макъамэм ехьэлIауэ къалэн куэд пщэрылъ зыщещIыж икIи зэфIэкI инхэр къегъэлъагъуэ.
29 мая, 2022 - 09:23
Ди щIыналъэр ящыщщ бзэщIэныгъэм зыужьыныгъэ ин щызыгъуэтхэм. АбыкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлъщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм. Университетым и къудамэхэм я нэхъыжьхэм халъытэ филологие IэнатIэм лэжьэн щIидзащ илъэс 90 ипэкIэ, 1932 гъэм, абы щыгъуэ Псыхуабэ (Пятигорск) къыщызэIуахауэ щыта Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым хэту.
|