Календарь событий

30 мая 2022

Хуэдз (Фэдз, Къуэдз)

 Мы цIэр зэрахьэ Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ ит къуажэми ар зыбгъэдэс къуршыпс уэр цIыкIуми.

Тхыдэдж-лъахэхутэхэм ящыщ гуэрхэм Хуэдз псалъэр зыхуахьыр Къуэдз (Къуэдзэ) унагъуэцIэр зезыхьэу Беслъэнейм иса уэркъ лIакъуэм зэреджэу щытарщ. Мыдрейхэм а псалъэм кърагъэкIыр къэбэрдей уэркъхэм языхэзхэм трагъэIукIауэ щыта «къуэдзэ» фIэщыгъэрщ.

Хуэдз (Фэдз) зи фIэщыгъэ къуажэр Куэшхьэблэ километр 5I-кIэ пэжыжьэщ, Мейкъуапэ пызыщIэ гъуэгум километр 70 и кIыхьагъщ.

Заур

Ди къуажэр къуэм дэсщ. ГупэмкIэ къыщыт бгы фэхум и нэкIу дыгъэмыхъуэм гуэрэн-гуэрэнурэ ипхъа зей, къущхьэмышхейхэр къуажэм къыдоплъэ. ЩIыбагъымкIэ щыIэ ХьэнкIыргъуей мэзым къуалэбзухэм уэрэд къыщраш. Мэз цIыкIур тIууэ зэпызыупщI хуейм къуажэкхъэр итщ. Чыцэм къыхэплъ сын щхьэ плIимэхэм уи нэгу къыщIагъэувэж зызэман къуажэм дэсахэр.

И щIыналъэм уэрэд тыгъэ хуещI

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБКъУ-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Амикс» театрым и художественнэ унафэщI, композитор, режиссёр Къул Амир уэрэдымрэ къафэмрэ зэфIэкI щызиIэ щIалэгъуалэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ядолажьэ.

Зэхьэзэхуэхэр йокIуэкI

КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ республикэм и щIыналъэхэм щокIуэкI КъурIэн лъапIэм къеджэнымкIэ жэмыхьэт зэпеуэхэр.

Хэтхэм я ныбжьым елъытауэ, зэпеуэхэр Iыхьищу гуэшащ:

ХамэщIым гур щыкIуэдыркъым

Лъэпкъ тхыдэм увыпIэшхуэ щызубыд Iуэхугъуэщ адыгэм и щхьэ кърикIуар. Ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэд адэжь щIыналъэм пэIэщIэрэ, я адэжь лъахэм къыщIэхъуэпсу дунейм ехыжащ. Иджы къэнахэм я гъуэгур нэхъ зэIуха хъуами, къэхъуапсэр куэдщ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

1431 гъэм Руан къалэм и утышхуэм щагъэсащ Франджым щыщ бзылъхугъэ хахуэ, дзэм и унафэщIу щыта Жаннэ д`Арк.

1631 гъэм Франджым щыщ дохутыр, иджырей журналистикэм и лъагъуэхэш а къэралым щыхъуауэ къалъытэ Ренодо Теофраст Париж къыщыдигъэкIащ «La Gazette» цIэр зиIэ газетыр. А псалъэр щIэх дыдэу европей бзэ псоми хыхьащ, иужькIэ дуней псом къыщагъэсэбэп хъуащ.

1858 гъэм ягъэтIылъащ иджырей Хабаровск къалэм и лъабжьэр.

Нэмыцэ гъэрхэр

«Азов» нацист батальоным Мариуполь зыкъыщита нэужь ягу къэкIыжащ гъэрхэм ятеухуауэ Женевэ конвенцэ зэрыщыIэр. ХьэкIэкхъуэкIагъэ бзаджэ ялэжьами, абыхэм ябгъэдыхьэнущ цIыху хуэдэу: уIэгъэр ягъэхъужынущ ныкъуэлIэ хъуахэр къызэфIагъэувэжынущ, итIанэщ жэуапым щрашэлIэнур. Фашистхэми, хабзэр хабзэщ…

ЖыIэн хуейщ зи гугъу тщIа конвенцэм Iэ тримыдзами, СССР-м Хэку зауэшхуэм и зэманым абы къигъэувхэр зэригъэзэщIар. Дриплъэжынти тхыдэм.

КЪЭБЭРДНЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И УНАФЭ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэным зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

2022 гъэм накъыгъэм и 20-м               Налшык къалэ               №117-ПП

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительсвэм унафэ ещI: