Календарь событий

10 июня 2022

Адыгэ къафэм и гуащэ

Дэтхэнэ зы лъэпкъми, ар хэтми кърипцIыхуу езым и лъэпкъ фащэ зэриIэжым ещхьыркъабзэу, иIэжщ и уэрэди, и пшыналъи. Ахэр къэзыгъэщI, музыкэр зи IэдакъэщIэкI композиторхэм, пшыналъэхэр, макъамэ гуакIуэхэр зи Iэпэгъу музыкантхэм, уэрэдхэр жьгъырууэ зыгъэIу уэрэджыIакIуэхэм зы цIыху гъащIэкъым, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, яIэр – гъащIитI мэхъу.

Иджыри зы зэгурыIуэныгъэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэрэ егъэджэныгъэ IуэхукIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ иджыблагъэ ирищIылIащ академик Петровский Борис и цIэр зезыхьэ, Хирургие хуэIухущIэхэмкIэ Урысейпсо щIэныгъэ центрым.

Лъостэхъанрэ Хьудрэ

Зи IэфIыр зэи щIэмыкI уэрэдыжьхэм я бзэм тхьэкIумэр зэригъафIэм нэмыщI, лъабжьэ яхуэхъуа хъыбархэми Iэнкуну укъагъанэ. ПщыхьэщIэ Джумхьэ къиIуэтэжа, Лъостэхъанрэ Хьудрэ ятеухуари апхуэдэ зы щапхъэщ.

Я зэхуаку дэлъ гурыщIэм текIуэдэжа щIалэмрэ хъыджэбзымрэщ уэрэдыр зытепсэлъыхьыр. Лъостэхъан и дыщым Хьуд зыхуагъэфащэртэкъым.

А зегъэшэрашэ мыгъуэри а зегъэшэрэзи,

А Шэрыш и къаз мыгъуэу, Лъостэхъан зэрыжьэгъухуи,

А Къумыху и бжьэ мыгъуэу, Лъостэхъан зэрыкIуэкIафIи.

Сабийхэм загъэпсэху

Къулъкъужын Ипщэм дэт курыт еджапIэ №2-м щолажьэ «Вагъуэ шыр» гъэмахуэ лагерыр. Махуэ 21-кIэ абы щыIэну цIыкIухэм нэгузыужьу зэманыр ягъакIуэ, загъэпсэху, сабийхэр езыхэр дэзыхьэх Iуэхухэм тещIыхьауэ акъылым зезыгъэужь дерсхэр драгъэкIуэкI.

«Кавказыр дыдейхэм къуэтщ»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту республикэм и Росгвардием ирагъэкIуэкIащ хэкупсэ Iуэху щхьэпэ.

Зэманыр куэд щIауэ пебжыкI

Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхур хущIэкъурт зэманыр къызэрибжыным. НэхъапэкIэ, ар иригъуазэу щытащ дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм. Къапщтэмэ, Пасэрей Мысырым зэманыр жэщ-махуэкIэ зэщхьэщагъэкIыу щытауэ аращ. Зэманыр нэхъ наIуэу зэкIэлъыхьыныр дыгъэ сыхьэтым деж къыщежьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыкIэ къэббжыфынур махуэрат. Ди эрэм и пэкIэ илъэс 2500 - 600-кIэ узэIэбэкIыжмэ Пасэрей Персымрэ Пасэрей Китаймрэ къыщежьауэ щытащ псыкIэ лажьэ сыхьэтхэр. Нэхъ иужькIэ, ар Мысырми Алыджми нэсащ. ЩыIащ мафIэ сыхьэтхэри. Шэху уэздыгъэм и кIыхьагъкIэ лэдэххэр хуащIырти, абы иригъуазэрт. ПшахъуэкIэ къэзыпщытэ сыхьэтхэр къежьауэ хуагъэфащэ ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм.

Я нэIэ тетщ

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м  республикэ прокуратурэм федеральнэ хабзэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Санаров Андрей зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ жылагъуэ организацэм я лIыкIуэ щIыгъуу яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ закъыхуэзыгъэза цIыхухэм.  

Мэздэгу зэраухуар

Къэзакъ тхыдэтх Потто Василий и тхыгъэхэм къыхощыж етIанэгъэ илъэси 260-рэ ирикъуну Мэздэгу къалэр къызэрежьар.

ЛентIхэр ягуэшащ

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу Налшык къалэ щекIуэкIа «Лента-триколор» акцэм хэтащ Урысей гвардием къулыкъу щызыщыIэхэр икIи абыхэм цIыхухэм хуагуэшащ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым, плъыжьу-щIыхуу-хужьу зэгуэлъым, ещхь лентIхэр.

Гуапэу кърагъэблэгъэжащ

Кавказ Ищхъэрэ округым и дзэ часть Звезднэ поселкэм щыIэм къулыкъу ящIэу нэгъуэщI щIыпIэм зи къалэн щызыгъэзэщIахэр гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ.

IэщIагъэ дахэм и Iэужьхэр

Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным и илъэсым хыхьэу, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ республикэ Сабий библиотекэм щрагъэкIуэкIащ «Национальный женский головной убор» мастер-классыр.

Зэхыхьэ гуапэм ирагъэблэгъащ Налшык къалэм и гимназие №1-м и 5-нэ классым и еджакIуэхэр. Библиотекэм и лэжьакIуэхэр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлыъхьащ УФ-м и Президентым и УнафэкIэ мы гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я цIыхубэ гъуазджэмрэ щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымрэ я илъэсу зэрагъэувар.

Бахъсэн деж къыщыхъуахэр

Фон Штрадман Густав Кавказ зауэм хэта урыс дзэпщщ. Абы и нэкIэ илъэгъуащ илъэс щитIым щIигъу ипэкIэ Бахъсэн псыхъуэм щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэм къащыщIар. Лей зезыхьа лъэныкъуэм зэрыхэтам щхьэкIэ къэмынэу,  щIалэм уи нэгум къыщIигъэувэ сурэтыр уи фIэщ мэхъу. ЩIыналъэр нобэрей теплъэм хуэзыша гъэунэхугъуэ  мытыншхэм уриплъэжынми  щхьэпагъ хэлъщ.

МахуипщIым къриубыдэу бгъу

Накъыгъэм и кIэух мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэ махуипщIым  къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыхъуа мафIэс 12-м хисхьащ, е сэкъатышхуэ щагъуэтащ автомашинэу 9-м. Транспортым мафIэм исыныр къыхокI электрокIапсэхэм сэкъат яIэным,  автомашинэм и пкъыгъуэхэр мытэмэмыным.

Шэшэным щытокIуэ

Грознэ къалэм  дэт «Олимпийск» спорт комплексым щекIуэкIащ Урысейм и ФСИН-м IэпщэрызауэмкIэ  и чемпионатым  и кIэух зэIущIэхэр. Абы и медаль нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ IэнатIэм и щIыналъэ къудамэхэм я командэ 34-м хэта зауэлI 200-м щIигъу. Я хьэлъагъ елъытауэ цIыхухъухэм я гупыр бгъууэ, цIыхубзхэм яйр блыуэ гуэшауэ щытащ.

Ди бэнакIуэхэр къалащхьэм щытокIуэ

Мэзкуу къалэм дэт «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ къалащхьэм и зэхьэзэхуэ. Абы и алэрыбгъухэм саугъэт нэхъыщхьэхэм щыщIэбэнащ зи ныбжьыр илъэс 16-17-м итхэр. 

Ди республикэм бэнэкIэмкIэ школым и гъэсэнхэм зэхьэзэхуэм зэфIэкI лъагэхэр къыщагъэлъэгъуащ.   КъБР-м икIа спортсменхэм абы къыщахьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 5.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Морожнэм и дунейпсо махуэщ

Иорданием и армэм и махуэщ

Португалием и махуэщ. I580 гъэм ягъэувауэ абы лъандэрэ ягъэлъапIэ.

1774 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIащ Кючук-Кайнарджи мамыр зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ Къэбэрдейр Урысейм и зы Iыхьэу къалъытат.

1793 гъэм Париж дунейм щыяпэу зоопарк къыщызэIуахащ.