Календарь событий

11 июня 2022

ТекIуэныгъэм и маисэр къыхуагъэфэщащ

Мэкъуауэгъуэм и 9-м КIуэкIуэ Казбек хэтащ Мэзкуу щекIуэкIа «Те­кIуэныгъэм и маисэ» дауэдапщэм. Тыгъэ лъапIэр зыхуащIа щIыналъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрри ­хиу­быдащ.

ЯхузэфIэкI псомкIи зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIадзэжынущ гъущIхэкI­хэм ящыщу нэхъ гъуэтыгъуей дыдэхэм хабжэ молибден, ­вольфрам, литий, бериллий хуэ­дэхэр щIы щIагъым къы­щIэхыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм. 

Хуэфэщэн увыпIэфI еубыд

Псоми гу лъыттауэ къыщIэ­кIынущ илъэс къэс гъэм и япэ Iыхьэр махуэшхуэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщытым. Абыхэм Урысейм и махуэр зэрыхыхьэрэ куэд щIакъым, ауэ абы езым хуэ­фэщэн увыпIэ иубыдакIэщ. Иджы ар ди гуфIэ­гъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ хъуащ.

Балигъ гъащIэм и япэ лъэбакъуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 22-м Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр дыгъуасэ щратащ ­КъБР-м и Парламентым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ

Урысейм и махуэм и щIыхькIэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм исхэм зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сыныво­хъуэхъу Урысейм и махуэмкIэ!
А махуэшхуэм зэкъуегъэувэ ди къэралым щыпсэу цIыху псори, ар мэхъу лъэхъэнэхэмрэ щIэб­лэхэмрэ зэпызыщIэ, тхэлъ хэкупсэ хабзэхэмрэ граждан жэуаплыныгъэм­рэ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ ди Хэкум дызэ­рыхуэпэжымрэ къэзыгъэ­лъагъуэ нэщэнэ нэхъы­щхьэ.