Календарь событий

14 июня 2022

Жэмри гъырт

ГукъэкIыж

Мазэ зытхухкIэ фашистыдзэм яIыгъа Зеикъуэ колхоз цIэрыIуэр гъатхэ техьат зэрывэн шыи выи имыIэжу. Ауэ псоми къагурыIуэрт гъатхэм щIым хыумылъхьар бжьыхьэм къызэрумыхьэлIэжынур. Арати, унагъуэ жэмхэр пхъэIэщэм щIащIэн хуей хъуащ. 

Пэжыгъэ

Адыгэ хъыбарыжь

Къуажэ гуэрым зэныбжьэгъуитI дэст. «Я псэр зы чысэм илъщ» жаIэрт абыхэм щхьэкIэ. Зэгъусэу гъуэгуанэм зэдытехьэрт, зэгъусэуи къагъэзэжырт. 

ШащIэ Беллэ и текIуэныгъэ

Урысей ФСИН-м и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм я бынхэр хэтщ республикэм и хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм сабийхэм папщIэ щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ творческэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIи абыхэм къыхожаныкI.

Адэжьхэм я щIэин

Саратов щыщ археологхэм хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Лазаревск (ПсыфIыпэ) къалэ цIыкIум къедза къуажэхэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къатIэщIыжащ тхыдэ щIэныгъэм ирилажьэхэр зэIусэну иджыри къыздэсым зыхунэмыса кхъащхьэ пщIы бжыгъэхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр хы ФIыцIэ Iуфэм ижькIэрэ Iусыгъа адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным я щIэинщ. 

ЯщIамрэ къапэщылъымрэ теухуауэ

Иджыблагъэ Пятигорск къалэ щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м и Президентым и полномоченэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ ЩIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрийрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ Урысейм къытралъхьа санкцэхэр КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм зэран хуэмыгъэхъуным. 

Насып Iыхьэу ноби къызолъытэ

КъытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ икIи щIыхь зыпылъ къалэнщ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ тхыдэр, хабзэхэр, нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр а зы Iэмалырщ – бзэращ а псоми я хъумакIуэр. 

Мэкъумэш IэнатIэмрэ бжыгъэрылъанэмрэ

Бытырбыху къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ мэкъумэш IэнатIэр бжыгъэрылъанэм (цифровизация) хуэгъэкIуэным теухуа II Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым экономикэмрэ къэрал Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ и кафедрэм и доцент, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бекъул Хьэбас.

Нобэ

Лъы зытым и дунейпсо махуэщ
Блогерым и дунейпсо махуэщ
УФ-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ и къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
США-м щагъэлъапIэ я къэрал ныпым и махуэр.
Ар 1916 гъэм ягъэуващ.
1834 гъэм Америкэм пшахъуашхэр къызэрыщагупсысам теухуа тхылъ щатащ.
1859 гъэм Шэшэныр Урысей империем хыхьащ.
1891 гъэм Сыбыр гъущI гъуэгушхуэр ухуэн щIадзащ.

ХьэщIагъэ

«ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ», - жаIэ адыгэхэм.
«Адыгэхэм цIыхум кIэлъызэрахьэ хьэщIагъэм а лъэпкъыр нэхъри еIэт! ХьэщIэ къызыхуеблэгъам дежкIэ ар гуфIэгъуэшхуэщ. И унагъуэ къихьам зыхуей псори хуигъэзащIэу, лей къытримыгъыхьэу, и хьэщIэм папщIэ и псэр итыну хьэзыру апхуэдэщ…», - итхыжащ дзэ тхыдэтх Дубровиным. Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэмыкIами, сыт хуэдэ лIакъуэм щымыщами, адыгэм къыхуеблагъэ дэтхэнэми зэхуэдэу хуэгуапэу и унэ иригъэсын хуейт. 
«Къеблагъэ» псалъэр адыгэхэм я гъуазэт сытым дежи. 

Польшэмрэ Адыгэ Хэкумрэ

2019 гъэм Псыхуабэ къыщыдэкIащ Клычников Юрийрэ Лазарян Сергейрэ я IэдакъэщIэкIыу «Польшэм щыщ дзэхэр бгырысхэм зэрагуэтар» лэжьыгъэр. Урыс-Кавказ зауэм щыщу зыхэдмыщIыкI куэдым ущрохьэлIэ а тхылъым. КъухьэпIэ Кавказым мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэ Урысейм ирищIылIа нэужьи, Iэщэр зыгъэтIылъа бгырысхэр щIэрыщIэу къызэщIэзыгъэстыжахэм я цIэхэр япэу зэхыдох.