|
Календарь событий
15 июня 2022
15 июня, 2022 - 18:56
Узбекистаным къыщыхъуа нысашэ хъыбарым дунейр къызэхикIухьри, Кавказми къэсащ. ЩIали хъыджэбзи, жьыи щIэи я нэгу щIэкIам я щхьэфэцыр игъэтэджащ жыпIэныр мащIэщ, апхуэдизкIэ къигъэгубжьащи.
15 июня, 2022 - 18:32
УФ-м спортымкIэ и министр Матыцин Олег «Iуащхьэмахуэ» курортым щыIащ икIи езым и къуэдзэ Байсултанов Одес, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «Кавказ.РФ»-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн сымэ я гъусэу Гарабаши кIапсэ гъуэгум и щхьэм дыдэм дэкIуейри, спортым зыщыхуагъасэ центру Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрызрагъэужьыным теухуа зэIущIэ щрагъэкIуэкIащ.
15 июня, 2022 - 18:00
Ущие зыхэлъ тхыгъэ
Сыт щыIэ зэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм нэхърэ нэхъыфI. Фэ зытет цIыхум гуи кIуэцIылъщ. Языныкъуэхэм хьэл мыгъуэу яхэлъщ псори зы щапхъэкIэ къапщу, зыщымыгъуазэхэм щIыбагъ псалъэ хуагъэшу. Сату Iуэхум хыхьэхэм хуэпсалъэри гъунэжщ. Ауэ дауэ уи быныр зэрупIынур, улахуэ тэмэм, мылIэIус нэхъ мыхъуми къызыпэкIуэ лэжьыгъэ уимыIэмэ? Нобэ бэзэрым утетынри лэжьыгъэщ – улажьэу ушхэжыныр емыкIукъым. Умылажьэмэщ емыкIур.
15 июня, 2022 - 17:55
Хьэлэмэтыр матэм илъщ, гъэщIэгъуэныр гъуанэм исщ, жытIэу щытащ дыщысабийм щыгъуэ. А псалъэхэм къарыкIыр и кIэм нэсу къыщыбгурыIуэр хьэлэмэтым е гъэщIэгъуэным урихьэлIа иужьщ, дауи. Матэм илъыр къипхыфынущ, и лъащIэми улъэIэсыфынущ, ауэ гъуанэм лъабжьэ имыIэнкIи хъунущ…
15 июня, 2022 - 17:24
КъытщIэхъуэ щIэблэм яхэлъыпхъэ хьэл-щэнымрэ я дуней еплъыкIэм лъабжьэ хуэхъумрэ я щIэдзапIэщ ар къызыхэкIа и унагъуэр. Сэ сыкъыщыхъуа унагъуэр хабзэрэ нэмысрэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэлът. Ди адэ-анэм дызэрыцIыкIурэ дыщIапIыкIащ езыхэм нэхъыжьхэм я щIэину къахуэна лъэпкъ фIыгъуэм: адыгэ хабзэм, пщIэм, нэмысым.
15 июня, 2022 - 17:00
Урысейм и махуэр щагъэлъэпIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм. Дзэлыкъуэкъуажэ шахмат зэпеуэ къыщызэрагъэпэщащ, щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм концерт щекIуэкIащ.
15 июня, 2022 - 16:44
Жьыбгъэм и дунейпсо махуэщ
Зи ныбжь хэкIуэтахэм кIэлъызэрахьэ бзаджагъэхэр хэIущIыIу щIыным и дунейпсо махуэщ
Армением и къэрал ныпым и махуэщ
Азербайджаным щагъэлъапIэ лъэпкъыр хъумэным и махуэр
1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) Москва нэсащ. Абы щIыгъуащ и дэлъху Думэныкъуэ, и шыпхъу Алътыншаш, абы и щхьэгъусэ Бекбулат, а тIум я къуэ Саин-Булат сымэ.
1862 гъэм Америкэм щыщ Гатлинг Ричард япэу пулемёт къигупсысащ.
15 июня, 2022 - 16:33
Мэкъуауэгъуэм и 11-м Мэзкуу къэкIуащ Тыркумэным и президентыщIэ Бердымухамедов Сердар.
«Урысеймрэ Тыркумэнымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэр къэкIуэну зэманым хуэгъэпсащ», - жиIащ Путин Владимир Бердымухамедовым щыхуэза зэIущIэм. ПрезидентитIым Iэ традзащ Урысеймрэ Тыркумэн республикэмрэ я зэхущытыкIэр нэхъ кууж щIыным теухуа декларацэм.
15 июня, 2022 - 16:00
* * *
Ди благъэхэм я хьэжьым сызэпкъритхъынут пщIантIэм сыщыдыхьам. КIапсэ зэрепхамкIэ зитхьэлэжыным хуэдэу си дежкIэ къеIэрт, зишхыхьыжу. Сэ сызэгуэпащ: сыт есщIар?!
Ауэ щылъ мывэр къасщтэу езутIыпщыну сыхуежьат. АрщхьэкIэ сыщIегъуэжащ. Сеуэным и пIэкIэ унэм сыщIыхьэщ, щIакхъуэ Iыхьэ къыщIэсхри, естащ.
СыкъыщыдэкIыжым а хьэр арауэ пщIэжынтэкъым. И кIэр игъэкIэрахъуэу къысщыгуфIыкIырт, гуапагъэ гуэри щIэплъагъуэрт и нитIым, сэбэп къысхуэхъун щхьэкIэ сытри ищIэну хьэзырт.
Сэ абы IуэхугъуитIым сригъэгупсысащ:
15 июня, 2022 - 15:20
КIэ зимыIэ хъыбархэм зыщIыпIэ щытекIуахэр, япэ увыпIэ къэзыхьахэр, зи цIэр хуабжьу Iуахэр къахэтпхъуэтыкI щхьэкIэ, гъащIэм и IэфIыр зыхъумэр пщIэи щIыхьи мылъыхъуэу, и напэм къыжриIэр зыщIэхэрщ. Налшык теухуа гукъыдэж дахэ къызэрыхэщым дригъэхъуапсэри, жытIэр уи фIэщ зыщI зы къэхъукъащIэ адыгэбзэм къэдгъэIэпхъуащ ди щIэджыкIакIуэхэм папщIэ.
15 июня, 2022 - 14:45
(Абхъаз таурыхъ)
«Унэ къэс и дзыгъуэ иIэжщ»,-жаIэ, икIи пэжу къыщIэкIынущ. Апхуэдэу, зэгуэрым унагъуэ дзыгъуэрэ губгъуэ дзыгъуэмрэ зэрихьэлIат. ЗэрыцIыхуа иужь, унагъуэ дзыгъуэр еупщIащ и «лъэпкъэгъур» зэрышхэмрэ щышхэмкIэ.
- Сэ сшхын къызолыж, - жиIащ губгъуэ дзыгъуэм. – Мэзым ерыскъыр щыкуэдщ, пхузэхуэхьэс къудеймэ. Жыг гъуанэм сыщопсэу, жыг щIагым гъуэ щысщIауэ, щIымахуэм сшхынухэр абы щызохъумэ.
15 июня, 2022 - 14:35
«ФIы лъагъуныгъэр псэм и лъащIэщ», - Лермонтов Михаил.
Нэчыхьытхыр адыгэхэм я махуэшхуэ лъапIэт. Нэхъыбэм ныбжьыщIэхэр я зэгурыIуэныгъэкIэ, я фIэфIыныгъэкIэ я насыпыр зэпащIэрт.
Пщащэмрэ щIалэмрэ хьэгъуэлIыгъуэм, адыгэ илъэсыщIэм, гуфIэгъуэ махуэхэм щызэрыцIыхурт.
ЦIыхухэм укъалъагъуу узэхуэзэныр, ууэршэрыныр емыкIушхуэу къызэралъытэм къыхэкIыу, ныбжьыщIэхэр дэлэлкIэ зэрыщIэрт. Псалъэм папщIэ, щIалэм и ныбжьэгъухэр пщащэм деж къакIуэрти, щауэм и гум хуилъыр къащIэрт, гуапагъэрэ хуабагъэрэ я зэхуаку дэлъмэт лъыхъу щагъэкIуэнур.
15 июня, 2022 - 13:00
Санкт-Петербург живописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репиным и цIэр зезыхьэ и Академием щагъэлъэгъуащ.ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ СэвкIуий Хьэмид «Маккавейские войны» зыфIища и лэжьыгъэхэр.
|