Календарь событий

21 июня 2022

Бабыгу

Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ хэлъэдэж псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ. Шытхыщхьэр ТхьэщIы псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ. 

Адыгэхэм я зэрыщIэныгъэ

ЗэрыщIэныр, зэпсэлъэныр цIыхур зыхуэныкъуэ къудей мыхъуу, набдзэгубдзаплъэу ухэплъэмэ, гъэунэхупIэ, гъащIэм и дерс псори къызыхэпх Iуэхугъуэщ. 
Апхуэдэ гупсысэм къыхэкIыу, адыгэ хабзэм къегъэув нэхъыжьыр къыщыщIыхьэкIэ пщIэ хуэпщIу укъэтэджыныр къызэрыгуэкI хьэлу. Апхуэдэу зи жьакIэхэр уэсу тхъуа нэхъыжьыфIхэм зыкъаIэтырт цIыхубз пэшым къыщIыхьамэ. Уеблэмэ, цIыхухъу фIэкI зыщIэмыс пэшым бзылъхъугъэ щIыхьамэ, зэрыщыту къэтэджын хуейт. Апхуэдэ хабзэмкIэ цIыхухъухэм ягъэлъагъуэрт бзылъхугъэм хуащI пщIэр. 

«ТхьэмпэщIэ»-м теухуауэ

Сыт хуэдэ Iуэхуми тхыдэ зэриIэм ещхьу, шейудзми езым и къежьапIэ иIэжщ.

Уэркъ хабзэ

«Псэ хуиткIэ Тхьэшхуэр зэтахэм
Зауэр хабзэм и щхьэу ябжт…», - Лермонтов Михаил.

Псэлъыхъу хъыжьэр щIегъуэжащ

Нэхъ пасэу хэIущIыIу хъуауэ щыта, Узбекистаным щыщ щауэмрэ нысащIэмрэ  хеящIэ пащхьэм  ираджэри, къеущияхэщ. 

Сурэт дахащэ

Жэщщ. Щымщ. Мамырщ. Дахэщ…

Псэр зыхьэху а щытыкIэм и уэгу хъумакIуэ хуэдэ, Мазэ нэкIухур пэзазэу унэ цIыкIу гуэрым и щхьэгъубжэм къыIутщ. Зы плIанэпэ закъуэ фIэкIа къэмынэу, пэшыр кIыфIыгъэм зэщIищтащ. 

«ФIыуэ слъагъу Кавказ»

Ар и фIэщыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ставрополье щIыналъэхэр зэпызыщIэ, километр миным щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгуанэм. Иджы мы гъэм абы лъэпкъ статусыр къыхуагъэфэщэнкIэ хъунущ. Абы ехьэлIауэ зыхуеину тхылъхэр Урысей туризмым ирагъэхьауэ къэпщытакIуэ советыр хоплъэ. 

Тренер цIэрыIуэм и щIыхькIэ

 «Рахлин Анатолий и кубок» зыфIаща дзюдомкIэ ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «ищхъэрэ къалащхьэм» щекIуэкIа 25-нэ Дунейпсо экономикэ форумым и дэIэпыкъуныгъэкIэ. 

Макъамэхэм я лъахэм

Бозий Зураб уэрэджыIакIуэщ, макъамэ продюсерщ. «boziirecords» IуэхущIапIэр абы къызэрызэригъэпэщрэ куэд мыщIами, макъамэ зэратхымрэ зэрызэхагъэувэмрэ хуигъасэ щIалэгъуалэм я ехъулIэныгъэхэр нэрылъагъу хъуащ.

Уэшхеджэ

XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм, XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Штат Зэгуэтхэм уэшхым хьэрычэт иращIэныр къэунэхуауэ щытащ.

Мыщэ анэ

Хъыбар

Мы хъыбарыр фи фIэщ мыхъункIи хъунщ, ауэ, мыхъуми, пэжщ, сыту жыпIэмэ, мыр къэзыIуэтэжа Хьэмид игъащIэм пцIы иупсакъым, къыщымыщIаи иIуэтакъым. 
Хьэмид хущIыхьэгъуэ щихуэхэм деж мэзым къыщикIухьыну, зыщиплъыхьыну фIэфIт. 

Зауэм хэтахэм ящыщу 600-м щIигъум цIэ лъапIэр зэрахьэ

1943 гъэм советыдзэхэм Сталинград деж текIуэныгъэ къыщахьащ. Сталинград зауэм Гитлер къришэлIат дзэ хэплъыхьауэ дивизие 22-рэ, псори зэхэту зауэлI мин 330-рэ.

*   *   *

Дохутыр IэщIагъэр зыхуэфащэ

ЦIыхум и дуней тетыкIэм пщалъэ хуэхъури абы и пщIэр къыхуэзыхьри и IуэхущIафэхэрщ. Зи хьэл-щэнымкIэ, лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ зи цIэр фIыкIэ жаIэ бзылъхугъэщ Налшык дэт поликлиникэ №1-м и махуэ стационарым и унафэщI Къэнэмэт Людмилэ Руслан и пхъур.

Гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэм

Къардэным и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №10 - нэм къыщызэIуахащ «Дыгъэшыр» лагерыр.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

 2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2022 гъэм накъыгъэм и 26-м

1 статья

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

Нобэ

Гидрографием и дунейпсо махуэщ
ГумащIагъэм и дунейпсо махуэщ
Махуэмрэ жэщымрэ я кIыхьагъыр зэхуэдиз щыхъу махуэр щагъэлъапIэ дунейм
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и кинолог IуэхущIапIэхэм я махуэщ
Франджым щагъэлъапIэ макъамэм и махуэр
1547 гъэм
Москва мафIэсышхуэ къыщыхъуащ. Абы цIыху 2500-м щIигъу хэкIуэдат. 
1907 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ «Юнайтед Пресс Интернэшнл» хъыбарегъащIэ агентствэр.