Календарь событий

22 июня 2022

Илъэси 130 гъуэгуанэ

МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм щекIуэкIащ мафIэсым зыщыхъумэнымкIэ Урысейпсо зэгухьэныгъэр - ВДПО-р - къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I30-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэхыхьэ.

Абы кърихьэлIащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм, ВДПО-м республикэм щиIэ IэнатIэм и Налшык къалэ къудамэм я унафэщIхэр, ВДПО-м и совет нэхъыщхьэм и хьэщIэхэу «Столичный трубочист» ООО-м и унафэщI Розвадовская Галинэ зи пашэр.

Ныбэжь Сергей

Инарыкъуей къуажэ щыщу Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу  хэтахэм  ящыщщ  Ныбэжь Сергей. ХахуагъэкIэ псыхьауэ абы  и хъыбар куэд сызэрыцIыкIурэ зэхэсхырт.   

ЩIэи гъуни зимыIэ арджэныр

Лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэу, абыхэм я напщIэм телъу щыта хьэпшып, Iуэхугъуэ куэд ди гъащIэм хокIуэдыкIыж. Абыхэм я пIэм нэгъуэщIхэр зэманым зэрыригъэувэм къыхэкIыу, хуэм-хуэмурэ ахэр къамыгъэсэбэпыж, зыщIу щыта IэпщIэлъапщIэхэри нэхъ мащIэ мэхъу. ИужькIэ гъащIэм и архъуанэм ирехьэри, зэгуэр дахагъэм, къабзэлъабзагъэм, узыншагъэм и пщалъэу щыта унэщIэлъынхэр, хьэкъущыкъухэр, хьэпшыпхэр къимыгъэзэжыну мэбзэхыж. Ар я натIэ хъуащ Iэджэм, щIэблэм уеупщIкIэ щыIауи ямыщIэу, уеблэмэ къэна псалъэ къудейм и мыхьэнэр жыжьэуи къагурымыIуэу. А лейр къытохьэ арджэнми…

Ухуэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъоплъ

  Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къипщытащ хабзэхъумэхэм папщIэ Московскэ уэрамым щаухуэ псэупIэ унэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр.

Ухуэныгъэр и кIэм щынагъэс щIыпIэм, Налшык къалэм и Московскэ уэрамым тет I2-нэ унэм деж зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар КъБР-м щыIэ МВД-м еухуэ «Жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымрэ щIэпхъаджагъэм пэщIэтынымрэ» федеральнэ инвестицэ программэм хыхьэу икIи республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэщIащ.

Къэрэш ХьэмрутIэ

ТекIуэныгъэм хэ­лIыфIыхьахэм ящыщщ. И ныбжьэгъу куэдым хуэдэу, Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейуэ   ар  дэкIат.

 Iэщэ къищтэу бийм япэу щыпэщIэувар 507-нэ фоч­гъауэ полкым хэту Къры­мым щыкIуарщ. Зэхэуэ гуа­щIэ екIуэкIыу ди сэлэтхэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ икIуэтырт.

Хъыбий Балилэ

 Хэку зауэшхуэм и тхыдэм зи цIэ къыхэщыжхэм ящыщщ Тэрч щ1ыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм къыдэк1а Хъыбий Нэгъуей и къуэ Балили.

Дахагъэмрэ узыншагъэмрэ

Дахэу щытыну хуэмей цIыхубз щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ ар псоми къазэремыхъулIэр уэрамым узэрыдыхьэу плъагъунщ. 

Лэжьыгъэм йоужьэрэкI

 Ди къалащхьэм и утыкум щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр  ипэкIэ мэкIуатэ.

 Головком и уэрамым щаухуэ сабий поликлиникэ №I - р ещанэ къатым нагъэсащ. УхуакIуэ бригадэхэр жэщ - махуэ ямыIэу мэлажьэ. Чырбыш плъыжь защIэкIэ иджырей мардэхэм тету дращIей блынхэр захуэщ, дахэщ. Iуэхум къыдэкIуэу къат къэскIэ коммуникацэ хуэIухуэщIэхэр и пIэм щрагъэзагъэ.

ЩIэныгъэм и япэ бзылъхугъэ

Ди лъэхъэнэм и 4-5-нэ лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм, Урым пащтыхьыгъуэр щызэпкърыхужым ирихьэлIэу, псэуащ Гипатие цIыхубз телъыджэр (370 - 415 гъэхэм). Ар математикэмкIэ, астрономиемкIэ, философиемкIэ щIэныгъэрылажьэу щытащ, математикэм и профессор Александрийскэ Теон  ипхъут.

 Гипатие и теплъэкIи, и дуней тетыкIэкIи, и хьэлкIи цIыхубз дахэу, гуакIуэу щытащ. Уеблэмэ тхьэIухудт.

Анэшхуэм и псалъэ

Iуэтэж

Пшэ-данэпс бзыхьэхуэхэр уафэ къащхъуэ джабэм хуэм дыдэу щесырт. Дыгъэм и дыщэ Iуданэ минхэр къишэщIащи, щхъуантIагъэм щIигъэна щIылъэм къодэхащIэ. Пщэдджыжьыпэ дахэщ. Хьэуар фоупсу къыпIуроIэфIэ. 

ЗауэлI мини 7-м я щхьэр ­ща­гъэтIылъащ

Инарыкъуей джабэхэм  Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм  щекIуэкIа зэпэщIэувэныгъэ гуащIэм и щыхьэтщ абы нобэхэми къыщагъуэтыж  Iэщэ-фащэр, сэлэтхэм я къупщхьэлъапщхьэхэр,  джабэм иIэ щIытI  бжыгъэншэхэр, цIыхухэм я гум къина хъыбар  гуузхэр.   

Джылахъстэней шу зекIуэ

Адыгэ щыпсэу республикэхэр къызэщIэзыубыдэ «Шу Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ирегъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм хэта II5-нэ шу дивизэм и цIэкIэ зекIуэ.

Авидзбэ Ахърэ – ДНР-м и лIыхъужь

Лъэхъэнэ къэс езым и гуащIэрыпсэу иIэжщ. Нобэ фэдгъэцIыхуну ди нэ къызыхуикI Авидзбэ Ахърэ ар хужыпIэныр егъэлеиныгъэу щыткъым, сыту жыпIэмэ, щIалэм 20I4 гъэ лъандэрэ «Донецк къалэм и лIыхъужь» цIэр зэрехьэ. Илъэс 38-рэ фIэкIа зэрымыхъум хуэдэу, орденыбгъэщ, командирщ, зауэлIщ.

«Зауэр щIалэ Iуэхущ», - Цой Виктор и ежьу цIэрыIуэр псалъафэ хуэхъужащ «Пятнашка»-м и командирым. 20I4 гъэм зыщIидза зауэм езым я гукъыдэжкIэ кIуа Ахърэ и акъылэгъу 20-рщ «лъэпкъ куэду зэхэт батальон» зыфIэзыщыжар.

Дунейм и щытыкIэнур

       Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Хэкур яхъумэурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.

1889 гъэм Европэм щыяпэу Германием къыщащтащ жьы хъуахэм пенсэ яхуэгъэувыным теухуа унафэ.

1941 гъэм Брест быдапIэр хъумэным теухуа зауэшхуэм щIидзащ.

1944 гъэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым деж Архив управленэ къыщызэрагъэпэщащ.