Календарь событий

23 июня 2022

Фэеплъ мыкIуэдыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэри хэтащ Хэкур яхъумэурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм екIуэкIа «Фэеплъ уэздыгъэ» урысейпсо акцэм. 
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и дзэ къулыкъущIэхэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ республикэм и щыхьэрым дэт «Фэеплъым и МафIэ мыужьых» мемориалым деж. А Iуэхур къыдаIыгъащ республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, ветеран, дзэ-псэкупсэ организаэхэм я лIыкIуэхэм, юнармейцхэмрэ ТекIуэныгъэм и волонтёрхэмрэ. 
Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, мемориалым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. 

Махуэкур сытыт зи махуэр?!

СССР-м щыпсэуахэм фIы дыдэу ящIэж бдзэжьейм махуэ хэха зэриIар. Зы хабзэм тету, махуэку къэс шхапIэхэм щапщэфIыр а зырат. Абы лъандэрэ зэман дэкIами, нэгъуэщI къэрал къэунэхужами, а хабзэфIым иджыри дытету жыпIэ хъунущ, бдзэжьейм щIэупщIэ зэриIэр къэплъытэмэ. 
Бдзэжьейм и махуэр СССР-м къызэрыщыунэхуар

Черкасскэхэм я хьэмтетыгъуэр

Къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ пхъуищрэ къуитхурэ иIащ. Урысейми Къэбэрдейми я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, пщышхуэм и къуэхэу Думэныкъуэ, Мамсырыкъуэ, Белгъэрыкъуэ, МатIэ, СулътIан сымэ ящыщу Мамсырыкъуэщ лIыгъэшхуэ зыхэлъу, Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ нэхъри благъэ зэхуэхъуным хэлIыфIыхьа дзэпщу, лIыщхьэ цIэрыIуэу къахэщхьэхукIар.

Дыщэ мыIэрысэ

Осетин таурыхъ
  МыIэрысей телъыджэ яIэт нартхэм. Узэримыгъэплъу нэр тепщIыпщIэрт жыг уардэм. Зэрыдахэм имызакъуэу мыIэрысейм зы дыщэ мыIэрысэ махуэм къыпыкIэрт. Ар зыIухуа сымаджэр хъужырт, сыт хуэдэ уIэгъэри напIэзыпIэм игъэкIыжырт, лIэныгъэр IуигъэкIуэтыфыртэкъым армыхъу, уз псоми пэлъэщырт. 

И гур адыгагъэм хузэIухат

Адыгэ литературэмрэ щэнхабзэмрэ я тхыдэм КIурашын БетIал и цIэр къыхэнащ литературэдж гумызагъэу, критик гъуэзэджэу. Абы щIэныгъэ хъарзынэ зригъэгъуэтащ, къэбэрдей пединститутыр къиуха нэужьи езыр-езыру еджэн зэпигъэуакъым. 

Гитлер зиукIыжар пэж?

1945 гъэм накъыгъэм и 4-м Германием и Iэтащхьэм и бункерым пэгъунэгъу дыдэу сэлэт Чураков Иван къигъуэтащ мафIэм иса хьэдэр. «Смерш» контрразведкэм и лэжьакIуэхэм иужькIэ къалъытащ ар Гитлер Адольф и хьэдэу. Фюрерым къыбгъурылът нэхъ Iеижу мафIэм иса Браун Евэ и хьэдэри. Совет тIасхъэщIэххэм къадэIэпыкъуащ Гитлер и щхьэхъумэхэм ящыщ Менгесхаузен Хари. Абы тхьэ щиIуэжырт а хьэдитIыр Гитлеррэ Браун Евэрэ яйуэ. АрщхьэкIэ, уеблэмэ а зэманми шэч къытрахьащ абы и псалъэхэм. ЗызыукIыжахэм я щхьэхэр Москва къагъэсыну унафэ ящIащ IэщэкIэ зэщIуэда къарухэм я музейм щIалъхьэну мурадкIэ.

Гупсысэр – псалъэкIэ

Iэмал зимыIэр
 ЦIыхур дунейм къытохьэри токIыж, и лъэужь къонэри. Сабий къалъхуар дахэщ, хьэлэлыщэщ, хьэрэмагъ лъэпкъ игу къэмыкIыу, зыщумыгъэнщIу, удихьэхыу. Дахэщ абы щыгъуэ дэтхэнэри, псэ къабзащэщ, дагъуэ лъэпкъ имыIэу. 

НэхъыщIэхэм я щапхъэт, зыхузэфIэмыкIым я щIэгъэкъуэнт

ЗэманыфIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Хьэтуей къуажэм щыщ Жылэхэ я унагъуэм щIалэ цIыкIуитI зэуэ къащыхэхъуэм, зым Къэралшу, адрейм Нартшу фIащат. Къэхъуащ ахэр адыгэ хабзэм щIапIыкIыу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу, нэмысыфIэщ жрагъэIэу. ЩIалитIыр иужькIэ цIэрыIуэ зэрыхъуар абыхэм фIаща цIэ дахэхэртэкъым, атIэ я дуней тетыкIэрт. Нобэр къыздэсым жылэжьым дэсхэр абыхэм ирогушхуэ, псалъэ гуапэ хужаIэ…

Нобэ

Дунейпсо Олимп махуэщ. 1894 гъэм Париж щекIуэкIа конгрессым, Пьер де Кубертен и жэрдэмкIэ, унафэ къыщащтащ Дунейпсо Олимп комитет къызэгъэпэщыным теухуауэ, илъэсиплI къэс зэ Олимп джэгухэр ирагъэкIуэкIынуи траухуэжащ. 

Унаплъэ

Хабзэм щыщ Iыхьэхэр
Унаплъэ кIуэну зи гугъэхэм Iэмал зэриIэкIэ ар хэIущIыIу зэрамыщIыным пылът, ауэ бзылъхугъэ зэрыс унагъуэм Iуэхур щIэуфэпа щыхъуртэкъым, лъыхъуми унаплъэ щыкIуэнур жраIэртэкъым. КъыжыIапхъэщ, унаплъэ кIуэнухэм Iыхьлы гъунэгъу, бзылъхугъэ зэрыхамыгъэхьэр. Хъыджэбзыр къэзылъхуахэм дзыхь зрагъэз, цIыху пэж, къажэм дэсхэм пщIэ зыхуащIт а Iуэхур зи пщэ иралъхьэр, лIищ-плIы хъууэ ежьэрт.