Календарь событий

25 июня 2022

Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ

КъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц жыпхъэм иту хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий и нэIэм щIэту екIуэкIа, шына­гъуэншагъэр къызэгъэ­пэщы­ным, коррупцэм пэ­щIэ­ты­ным, хабзэр хъумэным теухуауэ ЗэзыгъэуIу зэхуэсым и зэ­хы­хьэм. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэ­ты­нымкIэ и министрым и къуэ­дзэ Корнеев Андрей, Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Новиков Андрей, ­КИФЩI-м и щIыналъэхэм я Iэтащ­хьэхэр.

Къэрал мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамилрэ щыIащ Налшык дэт «ВоенТекстильПром» промышленность псын­щIэмкIэ IуэхущIапIэм икIи хуэзащ абы и къызэгъэпэщакIуэ Атэлыкъ Аслъэн.

Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур

КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео-конференц IэмалкIэ Мэзкуу щекIуэкIа УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирэк.

Фи насып текIуэну!

КъБР-м и Iэтащхьэр  курыт школыр къэ­зыуххэм гуапэу ехъуэхъуащ.

ЩIалэгъуалэр наркотикым пэIэщIэ зэрыщащIыным иропIейтей

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Наркотикым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIы­кIуэм и Аппаратым КъБР-мкIэ и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий, республикэм и министрхэр, щIыналъэ адми­нистрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я уна­фэщIхэр.
 

Зэманым къигъэувхэр

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым ды­гъуасэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.