Календарь событий

27 июня 2022

«Тегушхуэ, арыншауэ зыри къохъулIэнукъым»

Шэджэм, Бахъсэн къалэхэм сабийхэм я зыужьыныгъэм тегъэщIауэ щылажьэ «IKALAND» клубыр къызэрызэIуахрэ я Iуэхутхьэбзэхэм адэ-анэхэр арэзы ещI, цIыкIухэри дехьэх. Апхуэдэуи, ди гуапэ зэрыхъунщи, «Ikaland»-р мы гъэм хэхуащ Урысейм и сабий IуэхущIапIэ нэхъыфIи 100-м.
Ар къызэзыгъэпэща Къуныжь Заирэ 20I2 гъэм диплом плъыжькIэ къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым «Бухгалтерский учёт, анализ и аудит» и къудамэр. Апхуэдэуи КъБКъУ-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ етIуанэр щызэригъэгъуэтащ зэдзэкIакIуэ IэщIагъэмкIэ.

Министрым и псалъэ гуапэхэр

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустамрэ Лэскэн район администрацэм и унафэщI Инжыджокъуэ Сэфарбийрэ щыIащ Анзорей къуажэм дэт курыт школ №I-м и 9-нэ классыр къэзыуха ныбжьыщIэхэм аттестатыр щратыж зэIущIэм.
Министрыр къыщыпсалъэм къыхигъэщащ курыт школым дэтхэнэ зыми и гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ зэрыщиубыдыр, цIыхум и зыужьыныгъэмкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ теувапIэ быдэу зэрыщытыр.

Афэ джанэм и таурыхъ

Мы хъыбарыр къэзыIуэтэжар си адэшхуэ МахуэлI Жантемырщ. Ар сэ къызжезыIэжар си адэ Замирщ. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм сывдогуашэ а Iуэтэж хьэлэмэтымкIэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэным зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и I7-м Налшык къалэ №I43-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

ТекIуэныгъэр и Iэпэгъуу

 Хэку зауэшхуэм и гугъу щащIкIэ, куэдрэ зи цIэ къраIуэхэм ящыщщ екIуэкIыркъым Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий . Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: абы а зауэм щызэфIигъэкIар гъунапкъэншэщ. Ауэ ар цIэрыIуэ хъуакIэт ипэIуэкIи. I94I гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м Жуковыр ирихьэлIат дзэм и генералу, ЛIыхъужьым и дыщэ вагъуэр и бгъэм хэлъу. Хуэфащэу къилэжьат: Халхин-Гол и деж щытекIуа иужь, японхэр зэи тегушхуэжакъым СССР-м и гъунапкъэхэм къеIэну. Хэбгъэзыхьмэ, фашист Германием егъэлеяуэ къытрикъузэ пэтми.

ШэджыхьэщIэ Марьянэ:Къафэм цIыхур куэдым хуегъасэ

«Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и солисткэ, адыгэ пщащэ тхьэIухуд  ШэджыхьэщIэ (Чыл) Марьянэ ущыIуплъэкIэ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я бзэм IэфIу телъыр зыхужаIэ адыгэ пщащэм и теплъэрщ плъагъур.

Жамырзэ Фелицие :Сызэрыадыгэр дэни щыжызоIэ

Дунейр зытхьэкъуа адыгэ пщащэхэм ящыщщ «20I3 гъэм Австралием и тхьэIухуд» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Жамырзэ (Джамирзе) Фелицие.

ТекIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI

Грознэ къалэм щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Урысей Федерацэм и МЧС-м и чемпионат. Абы хэтащ федеральнэ щIыналъэхэм я командэ къыхэхахэр. УФ-м и МЧС-м КъБР-м щиIэ управленэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и гуп нэхъыщхьэм хэту зэхьэзэхуэм щызэуащ ЖапIу Алберд, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Къущхьэ Елдар, Iэюб Залым сымэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2014 гъэм гъатхэпэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №42-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

НОБЭ

Бдзэжьей ещэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэщ
Осетие Ипщэм и щIалэгъуалэм я махуэщ
Таджикистаным и лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
Узбекистаным щагъэлъапIэ печатымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1709 гъэм
Пётр Езанэм дзэм и советыр зэхуишэсри, унафэ ищIащ шведхэм Полтавэ деж лIэнкъэнэну щапэщIэтыну. А зауэм, зэрытщIэщи, урысеидзэр щытекIуащ.