Календарь событий

30 июня 2022

Зи къалэным екIуу пэлъэщ IуэхутхьэбзащIэ

«Нэхэр – псэм и гъуджэщ», - жаIэгъащ гупсысакIуэшхуэхэм. Сэ хуабжьу сатхьэкъуащ Руслан и нэхэм, - щитхащ сурэтыщI цIэрыIуэ Шемякин-Къардэн Михаил «Црым Руслан» тхылъым и пэублэ  псалъэм. – ГъащIэ мытыншым и гъуэгу гугъусыгъухэм и лъагъуэ щыпхызышауэ зи закъуэу пхыкI цIыху къабзэм, губзыгъэм и нэхэм. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу «Сурэтхэр - сурэтыщIым и псэщ» жызыIа философхэм а я псалъэхэр». 

ХьэгъуэлIыгъуэм теухуауэ

ЩIалэм къихьа хъыджэбзыр занщIэу и унэ  ирихьэлIэртэкъым. Ар и ныбжьэгъу дыдэ, и анэ шыпхъу, и адэ шыпхъу е нэгъуэщI и благъэ гъунэгъу деж ирихьэлIэрти, езыри апхуэдэ нэгъуэщI гуэрым деж щауапIэ кIуэжырт. Нэхъапэм нэчыхьытхри, щауэишыжри, унэишэри пщыхьэщхьэ зырызкIэ ирагъэкIуэкIыу щытащ. 
«ЩауэишыжкIэ» зэджэм щIалэр хьэблэ, благъэ дадэхэмрэ нанэхэмрэ щытрагъэхьэу аращ, иужькIэ яхуэзэмэ, ящымыукIытэу ябгъэдыхьэн папщIэ. 

Гуащэмахуэ и гъыбзэмрэ абы и хъыбарымрэ

ЛIым я леймрэ рэуиуа, а-а, шым я леймрэ

Айра, сынырахьэжьэри, рэуэ ией,
Уой, сы-Гуащэмахуэт, уэр, сэрмахуэ,
Уойрэщ, жыфIэркъэ, сыгуащэ хужьт, атIэ!

Макъамэр къару хуэхъуу

УэрэдкIэ цIыхухэм ягу удыхьэн папщIэ макъ телъыджэ уиIэнри мащIэу къыщIэкIынущ. Гуапагъэ, хуабагъэ гуэр къыпкъырыкIын хуейщ уэрэджыIакIуэм. И IэщIагъэм и гурэ и псэрэ хузэIухащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ Бэрэгъун Марианнэ. Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм къыщалъхуа бзылъхугъэм зэрысабийрэ уэрэд жыIэным гупыж хуиIэщ. МакъамэмкIэ Тэрч къалэ щыIэ еджапIэм ар фортопианэм щыхуеджащ, Налшык къыщиухащ макъамэ училищэр. 

Шэшэн республикэм и цIыхубэ артист Апэнэс Астемыр

Мэкъуагъуэм и 25-м Шэшэн республикэм и къэрал филармонием щекIуэкIащ КъБР-м щыщ уэрэджыIакIуэ Апэнэс Астемыр хухэха концерт. Гъунэгъу республикэр гуапэу къызыIущIа ди лъэпкъэгъур ягъэгуфIащ «Шэшэн Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр къызэрыфIащамкIэ. Абы щыхьэт техъуэ дэфтэрыр Апэнэсым къыIэщIилъхьащ Шэшэн республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Кадыровэ Айшэт. 

Нэгъаплъэ Аскэрбий и лэжьыгъэщIэ

Нэхъ пасэу и гугъу фхуэтщIауэ щытащ Абхъаз республикэм щыщ Джапуа Батал и проекткIэ пасэрей адыгэ-абхъаз кхъухь зэфIагъэувэжауэ зэрыщытам. Хъыбар щыIэщ адыгэхэм я щэнхабзэм теухуауэ документальнэ фильм зыбжанэ зыгъэува Нэгъаплъэ Аскэрбий ар и лэжьыгъэщIэм хигъэхьауэ. 
Абхъаз щIыналъэм хыхьэ Рицэ гуэлым щытрех Нэгъаплъэм и иджырей фильмыр. Адыгэхэм я дзэ хуэIухуэщIэхэр, уэркъ щэнхабзэр Урысейм щыпсэу цIыхубэм я нэгу къыщIигъэхьэн щхьэкIэ зэлэжь иджырей теплъэгъуэми хэтынущ КъБР-м фIыуэ къыщацIыху тхыдэдж Мэрзей Аслъэнбэч. 

КъБКъУ-р «Приоритет-2030» программэм хэтщ

Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и комиссэм къыхихащ «Приоритет-2030» программэм хэтыну еджапIэхэр. Урысей Федерацэм и къалэ 49-м щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэу I06-м грант иратынущ, дэтхэнэми сом мелуани I00 хуэзэу. 

Къуажэдэсхэр поплъэ.

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым и фIыгъкIэ Псыхъурей щызэрагъэпэщыж Къатхъэным и цIэр зэрихьэу щыIэ уэрамыр. 
Километри 4 зи кIыхьагъ гъуэгур зэтес ящIащ, адэкIэ иджырей мардэхэм тету асфальт - бетоныр тралъхьэнурэ гъуэгу зэпыхьэпIэхэмрэ зэхэкIыпIэхэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ.
 Япэ ирагъэщыпхъэ Iуэхухэр зэфIагъэкIа нэужь, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ. Мы зэманым лъэс зекIуапIэхэр къыхагъэкIауэ автобус къэувыIэпIэхэр яухуэ.
Курыт еджапIэр, сабий садыр, медицинэ, спорт IуэхущIапIэхэр, зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэр зыхуэзэ мы уэрамым къуажэдэсхэмкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Дахэрэ икIи зэIузэпэщу

 «Къалэхэм я теплъэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым хиубыдэу Бахъсэн щIыналъэм къыщрахьэлIэ лэжьыгъэхэм пащэ.
Къапщтэмэ, иужьрей илъэси 4 - м къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуеймрэ ЩэнхабзэмкIэ я Унэхэр, Бахъсэн къалэ администрацэм и унэм я Iэгъуэблагъэр, къалэм и ут нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, мамырыгъэмрэ щэнхабзэмрэ я парк къызэIуахащ.

Нобэ

Астероидым и дунейпсо махуэщ
Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ
УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IуэхущIапIэхэм я хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Белоруссием щагъэлъапIэ экономистым и махуэр
1845 гъэм
урысей пащтыхь Николай Езанэм унафэ къыдигъэкIащ Новороссийск кхъухь тедзапIэ щыщIыным теухуауэ.
1868 гъэм Самарканд Урысей империем хагъэхьащ.
1894 гъэм къызэIуахащ Лондон и Тауэр-бридж лъэмыж цIэрыIуэр.