|
Календарь событий
08 июля 2022
8 июля, 2022 - 17:39
Узэфэ хъу псы зэрытхэм я инагъкIэ Викторие хыжьейр дунейм щыетIуанэщ. КъуэкIыпIэ Африкэм щыщу абы и Iуфэхэм Iусщ Танзаниер, Кениер, Угандэр. Абы километр 320-рэ и кIыхьагъщ, километр 274-рэ и бгъуагъщ, и куууагъыр щIыпIэ-щIыпIэхэм метр 40-м къыщыщIэдзауэ метр 80-м щынос. И хытIыгу куэдыкIейхэм псори зэхэту километр зэбгъузэнатIэ мин 68-рэ къызэщIаубыдэ. Мыбы кхъухьхэр тыншу щызокIуэ.
Викторие къепщIэкIащ цIыху мелуан 30-м щIигъу. Абыхэм ящыщу куэдыр бдзэжьеящэщ Гуэлым и Iуфэхэм лъэпкъ парк зыбжанэ щыIэщи, цIыху мелуанхэр зэрохь.
8 июля, 2022 - 16:30
ГъэшхэкI ерыскъыхэр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэу зэрыщытым и хъыбар дэтхэнэ зыми и сабиигъуэм щегъэжьауэ зэхихащ. Шэджагъуэ нэужьхэм и деж шху зэгъэпцIагъащIэ зы стэкан уефэныр сыт и уасэ – ерыскъыр гъэткIунымкIи, фэр дахэу щытынымкIи, Iэпкълъэпкъыр узыфэхэм пэщIэтынымкIи ар икъукIэ сэбэпщ. АрщхьэкIэ, иджыпсту куэдрэ зэхыдох гъэшхэкI лIэужьыгъуэ куэдым къэуат ящIэмылъу жаIэу. Ар къызыхэкIыр тыкуэным щIэлъ а ерыскъыгъуэхэм бифидобактериекIэ зэджэр зэрыхэмылъырщ.
8 июля, 2022 - 15:23
Хьэнфэн Алим къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу
Хьэнфэн Алим Мэзан и къуэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм I922 гъэм бадзэуэгъуэм и I0-м къыщалъхуащ. Адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыхэкIа щIалэ цIыкIур и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ IэнатIэ гугъу пороувэ: илъэсий и ныбжьу абы и адэр фIокIуэд, и щхьэ закъуэ къарукIэ сабииплI ипIыну къызыхуэна и анэм жеи псэхуи имыIэу ахэр зыхуей хуегъазэ.
8 июля, 2022 - 14:55
Мамбэт Иринэ еханэ классыр къыщиухым ирихьэлIэу, и адэм газетым хъыбарегъащIэ тету къилъэгъуат дэрбзэр IэщIагъэм зыхуэзыгъэсэну хуейхэр Сабий художественнэ школым (Налшык къалэ) зэрырагъэблагъэр.
8 июля, 2022 - 14:33
Мы тхыгъэм ипэ къихуэу дэ кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIащ адыгэхэм я хэкужь Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зыплъыхьакIуэ тIэунейрэ дызэрыкIуам. Зыгуэрым жиIащ: «Уэрэ сэрэ дэнэ дыщы-псэур? Кавказ къудейракъым, пэжкъэ? АдыгэщIщ...»
8 июля, 2022 - 13:55
Мэкъуауэгъуэм и 24-26-хэм Кызыл къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы и финалым щыбэнащ ЗакIуий зэкъуэшхэу Анзоррэ Азэмэтрэ.
8 июля, 2022 - 13:54
Адыгейм «Куэшхьэблэ» зи фIэщыгъэу ит къуажэшхуэр зэпэплIимэу дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм я деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу.
Мы къуажэр километр 60-кIэ пэжыжьэщ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ, и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу.
8 июля, 2022 - 13:00
- Унагъуэрщ мы дунейм нэхъыщхьэу щызиIэр, фIыуэ сыкъыщалъагъур, лэжьыгъэ нэужьым сыт щыгъуи къыщыспэплъэр. Ар си гурыфIыгъуэ си сабийхэрщ, абыхэм я дыхьэшх макъымрэ гуфIэмрэщ, ар фIыуэ сыкъэзылъагъу си щхьэгъусэрщ. Ахэр пщIымыгъуу упсэуныр гугъущ, - къыддэгуэшащ Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и полицэм и участковэ уполномоченнэ, полицэм и капитан Умар Эльдар Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ я махуэм ирихьэлIэу.
8 июля, 2022 - 12:55
Новеллэ
Машинэ гъэщIэрэщIахэр, удз гъэгъахэр, дыхьэшх макъ, уэрэд, къафэ… ХьэгъуэлIыгъуэр лъэбакъуэшхуэкIэ унагъуэм къыдохьэ. А махуэ лъапIэм щыгуфIыкIыу бжьыхьэ дыгъэри, щыгъыным я нэхъыфIыр щыгъыу хьэщIапIэ къэкIуащ. Абы и «гуфIэкIэр» зыхуэбгъэдэныр нысащIэм и теплъэрщ. Дыгъэм зыдащIу жыгхэри щIэращIэщ. Уеблэмэ, машинэпэм тес къупщхьэ гуащэм и «гу щIыIэри» къэткIужащи, погуфIыкI. Насыпыр псы Iэрышэу йожэхри, ар зылъагъу псоми зыхагъэпскIыхь…
8 июля, 2022 - 12:10
Арэфэ махуэщ
Аллергие узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ
УФ-м и Дзэ-Хьэуа Къарухэм я ракетэдзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ
951 гъэм Франджым и щыхьэр Париж ухуэн щIадзащ.
1796 гъэм США-м и къэрал департаментым и цIыхухэм паспорт яритын щIидзащ.
1918 гъэм Киев къыщызэрагъэпэщащ Украинэм и Къэрал Сенатыр.
|