Календарь событий

09 июля 2022

Лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къы­зэры­зэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирырагъэхьэлIэу, республикэм и къалащхьэмрэ и районхэмрэ зэIузэпэщ щIыным хуэгъэзауэ къыщрахьэжьа лэ­жьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. 

пхъэщхьэмыщхьэр къехьэлIэжынымкIэ пэрытхэр

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ къехьэлIэжыным республикэм зэрыщыщIадзам теухуа тхыгъэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек телеграм-каналым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ.

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэмкIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщIхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэ! Си лъахэгъу лъапIэхэ!

ГущIэгъумрэ хьэлэлагъымрэ

Бисмиллахьи Ррэхьмани Ррэхьим!
ФIыщIэр ейщ Алыхьу дунейхэм я тепщэм! Алыхьым и хъуэхъумрэ и фIэ­хъусымрэ лъыус Мухьэммэд Бегъымбарым, абы и уна­гъуэм, и гъусахэм, гу къабзэкIэ и ужь иувахэм Къемэт махуэр къэсыху!
Си къуэшхэ! Си шыпхъухэ! КъБР-м и Дин IуэхущIапIэми си ­щхьэми къыдбгъэдэкIыу, Ислъамым нэхъ лъапIэ дыдэу хэт, адрей ­махуэшхуэ псоми яхиIэтыкI Къурмэн ЛъапIэмкIэ (Хьидул Iэдхьа) гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу! 

ГъэшхэкIхэм къахэхъуэнущ

Налшык гъэш комбинатыр зэман гъунэгъум иужь ихьэнущ гъэшыр къыщыIах IуэхущIапIэщIэ иухуэным. Абы Iэмал къаритынущ шэуэ зы жэщ-махуэм къыщIагъэкI тонн 350-р тонн 900-м нагъэсыну.

Унафэхэм хоплъэж

КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Мусуков Алий. Абы хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу Къуныжь МуIэед, Хъубий Марат, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэу ­КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ. 

Республикэм и Iэтащхьэм и махуэшхуэ хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм ­Къурмэн махуэшхуэмкIэ си гуапэу ­сохъуэхъу.
А пIалъэ лъапIэр лIэщIыгъуэ Iэджэ лъандэрэ ­къокIуэкI диныр зыIыгъхэр ислъамым и фIыгъуэ­хэм яхуиущийуэ, гущIэгъум, захуагъэм, фIэщхъу­ныгъэм къыху­риджэу, псапэмрэ къабзагъэмрэ я псэр хуигъэушэу. Ислъамым, ди къэралым ис адрей лъэпкъхэм яIыгъ динхэм яхэлъ апхуэдэ гурыщIэ лъагэхэр зэгурыIуэныгъэм, жылагъуэ зэакъылэ­гъуныгъэм, Урысейм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм я зэ­къуэтыныгъэм толажьэ икIи ар къэралым и ­къарумрэ ефIэкIуэныгъэмрэ я лъабжьэу сытым дежи щытщ.