|
Календарь событий
10 июля 2022
10 июля, 2022 - 17:29
Сыкъыздыщалъхуа Къамылыкъуэ къуажэм зи цIэр фIыкIэ къраIуэ, щапхъэу сыт хуэдэ зэманми къэпхь хъун унагъуэ куэд дэсщ, хабзэ дахэ зэрахьэу, я нэмысми удихьэхыу.
10 июля, 2022 - 16:28
УФ-м и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Уна-фэм ипкъ иткIэ, ди къэралым иджы 15-нэу щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. Къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэми и быдапIэ лъэщу щыт унагъуэращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэхэм я нэхъыбапIэр: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри…
10 июля, 2022 - 15:26
«КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэу цIыхухэм япэу зызыхуагъазэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ Куба къуажэм амбулаторэ щаухуэ. Абы текIуэдэну мылъкур - сом мелуан 42-р - къэрал бюджетым къыхэкIащ.
10 июля, 2022 - 12:24
2022 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м гъуэгум къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдащ КъБР-м и мэкъумэш хозяйствэмрэ Урысейм и агропромышленнэ комплексымрэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Аруан щIыналъэм и администрацэм и унафэщIу щыта Балъкыз Замир ХьэкIашэ и къуэр.
10 июля, 2022 - 10:21
Урысей Федерацэм и Прокурор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Кикоть Андрей кърихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и коллегие екIуэкIащ. Абы щызэхалъхьэжащ 2022 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
|