Календарь событий

19 июля 2022

Къабзагъэр узыншагъэщ

XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ пщIондэ Европэр къабзагъэм хуэхейуэ щытащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Тхыдэм теухуа фильмхэм Iуэхум и пэжыпIэм щыгъуазэ уащIыфынукъым, сыту жыпIэмэ, ахэр щагъэувар ди лъэхъэнэрщ.

ЗэрытщIэщи, алыджхэмрэ урымхэмрэ зыгъэкъэбзэныр нэрыгъ ящIыпат, зыгъэпскIыпIэхэр бжыгъэншэу яухуэу. Чыристан диныр тепщэ хъун ипэкIэ Италием и къалащхьэ Рим хьэмэмхэм я бжыгъэр миным щыщIигъуу щытауэ жаIэ. ИужькIэ а псори шейтIаным и хуэIухуэщIэу къалъытэри ягъэкIуэдыжащ.

Нэм илъагъумрэ псэм зыхищIэмрэ къызэраIуатэ

         Гъуазджэр зи IэщIагъэ цIыхухэм я гупсысэр сыт щыгъуи щIэщыгъуэщ икIи гъэщIэгъуэнщ. Псом хуэмыдэу узыщIэзыгъэдэIущ сурэтыщI-график Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. Аращ абы щIэх-щIэхыурэ депсэлъэн щIытфIэфIыр.

         - Заурбэч, Совет зэманым сыт хуэдэу псэурэт сурэтыщIхэр: сыт я лэжьэкIэт, сытхэм хунэсрэт?

НэщIэпкIэрэ пэт ищIэфым еплъ…

 ХХ - нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм хы ФIыцIэм щыкуэдт къэралыгъуэ щхьэхуэхэм я шхыныгъуэ лъапIэхэм хабжэ « устрицы», « мидий», « гребешки» жыхуаIэ моллюскэхэр. Къапщтэмэ, тхакIуэшхуэ Фазиль Искандер и Абхъаз хъыбархэм щIэх - щIэхыурэ ущрохьэлIэ, хым зыщIагъэмбрыуэурэ мидийр къыхахыу зэрыщытам. Ар лъапIэу ящэхурти, абыкIэ мылъку зыщIхэм мыбауэу псы щIагъым куэдрэ щIэтыф щIалэ цIыкIухэр   ягъэлажьэрт. Абы лъандэрэ зэман дэкIащ, нобэ хы ФIыцIэм а зи гугъу тщIы псэущхьэхэр улъыхъуакIи щыбгъуэтыжынукъым - рапанэкIэ зэджэ нэщIэпкIэ лIэужьыгъуэм псори зэщIикъуэфащ.

Къэрал псоми къыщалъыхъуэрт

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм  къызэпаудащ республикэм и Бахъсэн районым щыщ, илъэс 47-рэ хъум и щIэпхъаджагъэ Iуэхур. Ар къэрал псоми къыщалъыхъуэрт.

ЯIэ хъыбарымкIэ, цIыхухъур хэтащ Сирие Хьэрып Республикэм хабзэкIэ щамытха, IэщэкIэ зэщIэузэда гупым, Урысей Федерацэм и сэбэп зыхэлъхэм пэщIэуэ Iуэху зэрихуэу. 

Шэч зыхуащIыр яубыдащ, абы теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 208-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэм хэпщIауэ.

Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэс I5-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.

Набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ

Урысейм и ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и къудамэхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI тутнакъэщхэм телефонхэр дамыхьэным, ахэр къамыгъэсэбэпыным хуэгъэзауэ.

Жып телефонхэри абы пащIэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэри къагъэсэбэпу хьэгъэщагъэхэр ямылэжьынми, банк картэхэм ахъшэ къыщрадыгъукI къэмыгъэхъунми набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 202I гъэми мы илъэсыр къызэрихьэрэ екIуэкIа зэманми апхуэдэ хабзэншагъэхэр щалэжьакъым хабзэм ебэкъуахэм суд унафэкIэ тралъхьа тезырхэр щрагъэпшыныж щIыпIэхэу Управленэм къегъэщIылахэм.

 

 

Бажэ Амир топджэгу иным хокIыж

Мыгувэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм щIэзыдзэну «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы цIыху зыбжанэ хэкIыжащ, гупым и мыхьэнэр яIэту иджыри къэс къекIуэкIауэ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, иужь илъэсхэм налшыкдэсхэм я капитану щыта Бажэ Амир.

Къэпщытэныгъэхэм пащэ

2009 гъэм Урысейм и Президентым и унафэкIэ къащтауэ щытащ  Кавказым мэз джэдухэм я бжыгъэр щызэфIэгъэувэжыным теухуа программэ щхьэхуэ. А зэманым къриубыдэу ар къалэн зыщащIа щIэныгъэлIхэм щомыщу 8 мэзхэм щIаутIыпщхьащ. Абыхэм ящыщу 4-р псэущ, я щхьэ хъарзынэу япIыж.  Гъэ кIуам и гугъу фхуэтщIат Осетие Ищхъэ – Аланием щаутIыпща леопардищыр Къэбэрдей -  Балъкъэрым и мэзхэм къызэрысам. Иджыблагъэ къытIэрыхьа хъыбархэм къызэрыхэщамкIэ,  мыгувэу иджыри 3 яутIыпщынущ.

«Iупхъуэр зэIуфх»

 Совет балетыр ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIхэм. Ар зыужьыныгъэм и гъуэгут, Iуэхугъуэшхуэт. 

Сыбырри щхьэхуэ хъуну хуеящ

 СССР-р лъэщыр лъэлъэжа иужь, абы хэта союз республикэ I5-ри щхьэхуэ хъуащ. Абы кърикIуар дэ долъагъу:къэрал зыбжанэм я щхьэр яхуогъэпсэуж, адрейхэр къулейсызщ, къаугъэрэ бэлыхьрэ хэкIыркъым. Аращи, укъыхэкI къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, ипэкIэ плъэн хуейщ.

Зи IэщIагъэм хуэпэж

ЦIыхур къэпцIыхун папщIэ, и псэ къулеигъэр зыхэпщIэным щхьэкIэ языныкъуэхэм и деж узыхуейр дакъикъэ зыбжанэщ. Апхуэдэу зи дуней тетыкIэр, зи гупсысэкIэр къэщIэгъуафIэхэм ящыщщ дэрбзэр Iэзэ ХьэцIыкIу Мадинэ. Сэ слъэгъуащ Мадинэ и гъэлъэгъуэныгъэ зыбжанэ, и псэлъэкIэ сыщIэдэIунуи Iэмал сиIащ. Аращ и щхьэ течауэ щIысхужыIэнур: а цIыхубз зэпIэзэрытыр зи IэщIагъэм хуэпэж, абы кърит гупсысэхэм зи гъащIэр игъэбей, а псом гурыфIыгъуэ къыхэзых цIыхущ. Мадинэ и гукъэкI кIапэ мы тхыгъэ цIыкIум къыщысхьыр абы и щыхьэту къысщохъу.

 

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Мамкъут зыдэлъ хьэлывэм и дунейпсо махуэщ

Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и юридическэ IэнатIэм и махуэщРоссия

 

Тыркумэным щагъэлъапIэ Гъавэм и махуэр

Японием и цIыхубз министрхэм я махуэщ

1900 гъэм Париж и метрор къызэIуахащ.

1903 гъэм лъакъуэрыгъажэмкIэ япэ дунейпсо зэпеуэр екIуэкIащ.