Календарь событий

21 июля 2022

ГущIагъщIэлъхэр

ГущIэгъу яхуэщI мэжалIэм ихь пщылIми хъугъуэфIыгъуэм хэс пащтыхь пэлъытэми. 

Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм къыпащэ

«КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ проектым хэту зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI Нарткъалэ щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым и пщIантIэм дэт поликлиникэм.

Дохутырщ икIи усакIуэщ

ПщыукI Латмир I975 гъэм Къулъкъужын къуажэм къыщалъхуащ. Латмир и япэ тхылъыр езыр иджыри школым щIэсу дунейм къытехьащ. Тхылъым фIищащ «КъуэкIыпIэ пшэплъ». 

Налшык мэжджытыщIэ щаухуэнущ

Бадзэуэгъуэм и I5-м КъБР-м и УнафэщI КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Дин IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ щIыналъэ раис-Iимамхэмрэ. ЗэIущIэм къыщызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм щызэфIах лэжьыгъэмрэ республикэм ис муслъымэнхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ дин лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэн, ахэр нэхъ зыхуей хуэзауэ гъэхьэзырын зэрыхуейм. ХуэмыщIауэ псэухэм зэрадэIэпыкъупхъэми тепсэлъыхьащ. 

Ещанэр лейщ

Сэрыншэу я гъащIэр нэхъыфI хъуну къызыщыхъуу, 
IэщIыб сызыщIа псори щIемыгъуэжын Тхьэм фищI!

Къызэрырахьэжьэрэ 65-нэу

Зи гугъу тщIы Iуэхур гъэлъэпIэн щыщIадзар Хрущёв Никитэ ди къэралым и Iэтащхьэу щыщытарщ. 

ТхьэлъэIу

Тхьэхэм, тхьэпэлъытэхэм зэрелъэIу, зэрагъэлъапIэ щIыкIэщ. Ар езы псалъэми къеIуатэ: тхьэм елъэIун. ЦIыхур дунейм къызэрытехъуэрэ тхьэм еджэрэ елъэIуу къогъуэгурыкIуэ. Абы и щыхьэтщ тхьэджэ псалъэри. Ар иджырей адыгэбзэм щIагъуэу щызекIуэжкъым, ауэ зи гугъу тщIыр мы псэлъафэм къеIуатэ: сомыгъэтхьэджэ (умыгъэтхьэджэ), н. 

Богдановкэ щызэтраукIат

Тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэщыж гузэвэгъуэхэм ящыщщ Богдановкэ къуажэм къыщыхъуар. А жылэр Мэздэгу пэжыжьэкъым, Ставрополь крайм и Степновскэ районым щыщщ. Журтхэращ зауэм ипэкIэ абы нэхъыбэу дэсар. 
I942 гъэм а къуажэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм къелахэм ящыщ зыщ Призовэ Алисэ. Илъэс I5-м итт ар абы щыгъуэм. Пщащэр ажалым къезыгъэла урыс фызыжьыр хэтми къахуэщIакъым. Призовэ Алисэ и закъуэщ I964 гъэм Шифер Федор и хьэкумыр щащIэм, ар зэрагъэкъуаншэмкIэ щыхьэту судым хэтар. Федори Богдановкэ къуажэм щыщт. Абы фашист комендантым бзэгу хуихьащ: «Къуажэм дэсым я нэхъыбэр журтщ», - жиIэри. 

Ди щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэр

ТхакIуэ икIи лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ «Кабардино-Балкария: природный курорт, всероссийская здравница, туристическая Мекка» тхылъ сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. 

УФСБ-м къет

Илъэсрэ мазитхурэ тралъхьащ

Экстремизмэм пэщIэтыным ехьэлIа Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къызэпаудащ Прохладнэ районым щыпсэу, илъэс 37-рэ хъум илэжь щIэпхъаджагъэр. 
Хабзэм и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ Атаев З. Б. экстремист Iуэхум зэрыпыщIар, республикэм щыпсэухэр щIэпхъаджащIэ гупхэм хишэну зэрыхэтар. 

УнафэщIым текIуа дохутыр

Коммунистхэм я гуащIэгъуэ дыдэм Налшык къалэ комитетым и япэ секретару лэжьащ Громыкэ жари лIы лъагэ дахэшхуэ. ФIы зыхуищIахэр щотхъу, апхуэдэ дэзымылъэгъуахэм яуб, си щхьэкIэ фIыи Iеи хужысIэфынукъым - сыдэлэжьакъым, си ныбжьэгъуакъым. Ауэ мы хъыбар пэжыр къэхъуауэ сыщыгъуазэщи, стхыжу ара къудейщ. 

Нобэ

Тыркумэным и медицинэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ 
Бельгием и лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэщ – къэралым и махуэ нэхъ лъапIэ дыдэщ.
1831 гъэм екIуэкIа хэхыныгъэхэм щытекIуэри, пащтыхьыгъуэр IэщIыхьащ Леопольд Езанэм. А махуэм тохуэ Бельгием и щхьэхуитыныгъэм теухуа декларацэмрэ и конституцэмрэ къыщащтар.
1613 гъэм Урысейм и пащтыхь хъуащ Романов Михаил Фёдор и къуэр. Романовхэ ящыщу аращ пащтыхь тахътэм япэу итIысхьар.