Календарь событий

22 июля 2022

Къуныжь Алим, артист: КъыщIэдзапIэ

Макъ сызэриIэм гу къылъатэри сыхагъэхьауэ школым и хорым сыхэтащ, уеблэмэ солистуи сыщытащ. Районым щекIуэкI зэпеуэхэм дыкIуэрэ япэ увыпIэхэр къэтхьу уэрэд жытIэрт. ИужькIэ Музыкальнэ училищэм и дирижёр-хоровой къудамэм сыщеджащ. I97I гъэм сыхыхьащ Музыкэ театрым и хорым, илъэсиплI дэкIри абы и солист сащIащ. 

Шу пашэ

Ди тхыдэм уриплъэжмэ, зэман-зэманкIэрэ абы къыхэкIащ зи цIэр фIыкIэ жыжьэ нэIуса цIыху куэд. Абыхэм яхэтащ зауэлI хахуэхэмрэ дзэпщ IэкIуэлъакIуэхэмрэ, политик Iэзэхэмрэ хэкулI щыпкъэхэмрэ, лъэпкъыр фIым хуэзэным щIэбэн узэщIакIуэхэмрэ лъэпкъыбзэм и IэфIыр щIым и гулъым хуэдэу къэзыгъазэ усакIуэхэмрэ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ КIыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алими – усакIуэ икIи прозаик щэджащэр.

Къэзэхъстаным щIыхь зиIэ и цIыху

КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм къыщызэIуахащ «Къуршхэмрэ тафэхэмрэ я къуэ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ. Ар теухуащ СССР-м, Къэзэхъстан Республикэм я политикэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, агропромышленнэ, джэдкъаз гъэхъун Iуэхухэм я лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ икIи а IэнатIэм илъэс 50-м щIигъукIэ пэрыта Жангуразов Ибрэхьим Даут и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум.

ЦIыху гъащIэр кIэщI зыщIхэм ящыщщ

Лъы дэуейм (гипертоние) цIыху куэд егъэщхьэжагъуэ. Къапщтэмэ, илъэс къэс дуней псом цIыху мелани 7 абы щолIыкI, мелуан I5-р хьэлъэу егъэсымаджэ.
ЦIыху гъащIэр кIэщI зыщIу къалъытэ узыфэхэм хабжэ лъы дэуейр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы нэхъыбэу къыхокI инфарктыр, инсультыр. КъызэралъытэмкIэ, гу-лъынтхуэ узыфэхэр къэзыгъэхъейр аращ.

ЦIыкIухэм я ныбжьэгъу пэж

«Дядя Коля» - арат Бер Къанщобий сабийхэр къызэреджэр. Таурыхъ къыщагъэлъагъуэ автобусым дэс щIалэщIэр ныбжьыщIэхэм фIыуэ зэралъагъур пхужымыIэным хуэдизт. А зэманым телевизор зиIэр закъуэтIакъуэххэти, тхьэмахуэм зэ я хьэблэм къыдыхьэ автобусырт сабийхэм я гурыфIыгъуэр. Куэдрэ къэхъурт ахъшэ ямыIыгъыу, ауэ я ныбжьэгъухэм я гъусэу таурыхъ еплъыну щIэхъуэпс цIыкIухэр абы и автобус бжэщхьэIум къыщытеувэ. Апхуэдэхэм я еплъыпщIэр езы Къанщобий яхуритт.

ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил, композитор: Усэмрэ макъамэмрэ

Сызэрысабий лъандэрэ усэ сотх, жьы сыхъуху дунейм къытезмыгъэхьа щхьэкIэ. Зэи музыкант сыхъуну си гугъакъым, ауэ зэриухам сыфIэкIакъым. 1959 гъэм Музыкэ училищэм сашэри сыщIагъэтIысхьащ, абы и ещанэ курсым сыщеджэу Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр зыщIэлъ «Си гъатхэ» япэ си уэрэдыр стхащ. 

ТХЬЭЩЫГЪУЕЙ Жаннэ, актрисэ: Схэлъ гуэрым гу лъатагъэнт

Си адэ шыпхъум и къуэ, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан Москва щеджэу, я художественнэ унафэщI Калиновский Леонидрэ абы и щхьэгъусэмрэ Налшык къэкIуат загъэпсэхуну. Абыхэм сыкъафэу, уэрэд жысIэу сыкъыщалъагъум, школакIуэ хъыджэбз цIыкIум схэлъ гуэрым гу лъатагъэнти, курыт еджапIэр къызэрызухыу Москва актёр IэщIагъэм сыщыхуеджэну къызжаIат. АрщхьэкIэ сэ абы куууэ сегупсысакъым, сIэщIэхужари зыхуэIуа щыIэтэкъым.

Си къуэш цIыкIу

Газетым къыхэгъэжа сурэтхэр, статья зэхуэмыдэхэр, открыткэ гъэщIэгъуэнхэр Хьэсэнбий хуэсакъыурэ пхъуантэ цIыкIум къыдехри, къэзыухъуреихьа цIыхухэм ярегъэлъагъу:
- Мыр Темырщ, ар спортсмен Iэзэщ. Сыт хуэдиз зэпеуэхэм щытекIуа ар. 

Сэ сыдохутырщ!

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Ленин, Къэрал саугъэтхэм я лауреат, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием, Урысейм Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ и академием я академик Чазов Евгений Иван и къуэр 1929 гъэм мэкъуауэгъуэм и I0-м Горький къалэм къыщалъхуащ.

НОБЭ

Щхьэ куцIым и дунейпсо махуэщ
Боксым и дунейпсо махуэщ
Москва и уафэр зыхъумахэм я махуэщ
Азербайджаным и лъэпкъ прессэм и махуэщ
Таджикистан Республикэм и къэралыбзэм и махуэщ. I989 гъэм таджикыбзэр а къэралым и бзэ нэхъыщхьэу щагъэуващ.
Африкэ Курыт Республикэм щагъэлъапIэ хабзэ гъэщIэгъуэн – жыг хэсэным и махуэр
1795 гъэм
Шереметевым и щIапIэм къыщызэIуахащ «Останкино» театр-уардэунэр.
1894 гъэм Париж дунейм щыяпэу автомобиль къызэдэжэхэр щызэхэтащ.

ЛIэщIыгъуэ кIыхьхэм япсыхьащ

Адыгэ хабзэкIэ зэджэм ныбжьышхуэ зэриIэр нарт эпосым къыхощ, абы и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, нарт хъыбархэр щыхьэт зэрытехъуэщи, пасэ дыдэу къежьащ, пасэрей адыгэхэм - синдхэм, меотхэм, керкетхэм, зиххэм я деж щызэфIэувэри лIэщIыгъуэ кIыхь Iэджэм къыщхьэдэхащ, ефIакIуэу, заузэщIу, щIэблэхэм щапхъэрэ бзыпхъэрэ яхуэхъуу.