Календарь событий

26 июля 2022

Хабзэм щыщ Iыхьэхэр

Адыгэ хабзэр, адыгагъэр лъэпкъыр зы зыщI, зэщIэзыубыдэ, зэщIэзыIыгъэ Iуэхугъуэшхуэ дыдэу щытащ.

Лъэпкъ газетхэм я лъагъуэхэш

Ди бзэкIэ газет къыдэгъэкIыным иужь ихьа, а гупсысэр зигу къэкIа цIыхухэм, дауи, фIыщIэ яхуэфащэщ. 

Къущхьэ зэIухуэпхъыу нэр зыгъэгуфIэм

Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн зи щIасэхэр Мейкъуапэ ипщэкIэ щыIэ бгыщхьэ къуажэ Гъуазэрыплъ дыкъыIукIыжа иужь, Щхьэгуащэ псыхъуэ дыкъыдэкIри, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщежьэ Хьэкхъуафэпс иригъэщIа къуэ бгъунжым дыдыхьащ.

Iэрыхуэу къащти, шэрыуэу Iуатэ

Адыгэбзэм дахагъэу, гуапагъэу, IэфIыгъэу хэлъыр къызыгурымыIуэм ар бзэ пхъашэу, бзэ мышытIэу, мышэрыуэу къыфIощI. Ауэ ар пэжкъым. Адыгэбзэр фIыуэ пщIэмэ, абы кърумыIуэтэфын гупсыси гурыщIи щыIэкъым... 

Налшык дэса журтхэр

Налшык щыпсэуа европей журтхэр зэтраукIащ 1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм къалэм нэмыцэхэр къызэрыдыхьэу. 

Дэ абыхэм десэжащ

Хэт димыхьэхыр тылъ, кино гъэщIэгъуэнхэм, теленэтын цIэрыIуэхэм, дымыщIэхэр къытхузэIуахыу газетхэмрэ журналхэмрэ традзэ тхыгъэхэм, еджагъэшхуэхэм жаIэхэм? Десэжащи, дэ дегупсысыхэркъым ахэр пцIыуэ къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум. Мыбдеж сигу къыщокIыж «зэманыщIэм» (90 гъэхэм) дыщыхыхьам ди кинотеатрхэм щагъэлъэгъуа «Юкка» фильмыр. Телъыджэщ, ауэ абы и лIыхъужь сурэтыщIым мастэ къызэрыхаIуу занщIэу бзаджэнаджэхэм яжреIэ яукIа и къуэшым и унэ уардэр здэщыIэр. Флъагъурэ щхъухьым (е хущхъуэм?) и къарур?

Инджылызым и тIасхъэщIэх пандитхэр

Пандитхэр (хэвмыгъэгъуащэ «бандит» псалъэм - а тIур зыкIи зэкIуалIэркъым) Ипщэ Азием щыщ цIыхухэщ, ахэр Британием и тетхэм къагъэсэбэпу щытащ и колоние а къэралым и ищхъэрэ лъэныкъуэ иджыри къыхуэмыубыдам щыщыIэ щытыкIэр къахутэн мурадкIэ.
А шпионхэм зэхалъхьа картэхэр инджылызхэм къахуэщхьэпэрт, ахэр езыхэм я тепщэныгъэм щIагъэувэн папщIэ. СанскритыбзэкIэ «пандит» псалъэм къокIыр «еджагъэшхуэ».
Сыт щыгъуи псори зытещIыхьауэ щытар Индиер зыIэщIамыгъэкIынырщ. Ар пIалъэ кIыхькIэ щытащ империем и къулеигъэр зэтезыухуэу. Апхуэдэу щыщыткIэ, и лъэщагъри.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэ къыщызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэхухэр гъэзэщIэныр зэблэзыгъэкI штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №2I-РГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Амщокъуэ Ф.Къ. – «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» Союзым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым, а Советым и президиумым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм накъыгъэм и 12-м къыдигъэкIа Указ №54-УГ-мкIэ къищтахэм, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Нобэ

Эсперантэ бзэм и дунейпсо махуэщ. I887 гъэм Варшавэ (Польшэ) урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ эсперантэ бзэр зэрырагъэджыну япэ учебникыр.
Урысейм щагъэлъапIэ парашютистым и махуэр
1770 гъэм, Урыс-Тырку зауэм и зэманым, генерал Репнин Николай зи пашэ дзэм Измаил быдапIэр къащтащ.
1805 гъэм Везувий вулканыр къибыргъукIри, Неаполь къалэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр зэтрикъутащ. А гузэвэгъуэм цIыху мин 26-м нэблагъэ хэкIуэдауэ щытащ.

Спорт хъыбархэр

Дагъыстэным щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIат Совет Союзым и ЛIыхъужь Абикаров Къадий. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и банакIуэхэм зэхьэзэхуэм медалитI къыщахьащ. Апхуэдэу килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ Жыласэ Рустам. Килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпэщIэтыныгъэм Маргъущ Джэмал домбеякъ медалыр щызыIэригъэхьащ.