Календарь событий

27 июля 2022

Адыгэ щIыпIэцIэхэр

Ажэкъуэ – ар и фIэщыгъэщ Лабэ хэлъэдэж псы бгъунж цIыкIумрэ ар зыблэж хъупIэмрэ. Мыпхуэдэ щIыпIэцIэ Сочэ и Iэхэлъахэми ущрохьэлIэ. УрысыбзэкIэ «Ажек» хужаIэ.

Ажэжьбэкъу – Лабэ адрыщIкIэ щыпсэу къэбэрдей адыгэхэр апхуэдэу йоджэ КIыщейрэ (Киша) Уэрыстэнрэ (Уруштен) я зэхуаку дэт  шытхым, зэкъуэшитI фIэкIа умыщIэну, зэгъунэгъубзэу зэдытет бгыжьитIымрэ ахэр зэпызыщIэ гузэпыщIэмрэ. Ажэжьбэкъу зи фIэщыгъэ Iуащхьэжьыр Адыгейм щыIэ Хуэдз къэбэрдей жылэшхуэм удэту хуиту уолъагъу.

Кавказым и теплъэ телъыджэр

Ди республикэм тхьэмахуэм нэскIэ щекIуэкIащ «Урысейм и Кавказ щIыналъэр зыдогъэцIыху» фIэщыгъэр зиIэ ещанэ форумыр. Абы хэтащ къэрал 15-м щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я лIыкIуэхэр.

Зэхуэсыр къызэзыгъэпэщар Къэрал зэхуаку зэхущытыкIэхэмкIэ Москва дэт институтымрэ (МГИМО) Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэщ. Форумым къекIуэлIащ Сирием, Венгрием, Тыркум, Ираным, Белоруссием, нэгъуэщI къэралхэми щыщ студентхэр. ЩIалэгъуалэ зэхуэсым апхуэдэу хэтащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къикIа хьэщIэхэри.

Архаизмхэмрэ историзмхэмрэ

Адыгэбзэм и лексикэм мымащIэу хэтщ жьы хъуа псалъэхэр. Апхуэдэ псалъэхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпым ц1ыхур хуэмеиж зэрыхъуам е нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIыу аращ  псалъэр жьы хъуныр. Жьы хъуа псалъэхэр егуэшыж историзмрэ архаизму.

Архаизмхэр – ар жьы хъуа псалъэщ, а псалъэм къигъэлъагъуэу щытам нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIкIэ, бзэм къимыгъэсэбэпыжу.

Историзмхэр архаизмхэм къащхьэщокI – ахэр зы зэман пыухыкIам къагъэсэбэпауэ тхыдэм хэтлъэгъуэжу щытщ, ауэ ди зэманым езы псалъэхэри абыхэм къагъэлъагъуэ хьэпшыпхэри къэдгъэсэбэпыжкъым.

Адыгэбзэ къабзэ

(гушыIэ)

ЦIыхухэм адыгэ хабзэхэр Iэдэбу ягъэзащIэм, Уэсмэн дадэ игу хэхъуэрт, ямыгъэзащIэркъэ – и жагъуэ хъурт. И жагъуэ хъууэ къэмынэжу, ириубыдылIапэрти, игъэукIытэрт: «Адыгэ укъилъхуакъэ? Адэ-анэ уагъэсакъэ?»

Зыбжанэ щIауэ Уэсмэн зы щIалэ мыцIыху нэмысыншэ гуэрым хузэгуэпырт. ЩIалэр зэ лIыжь гуэрым и ижьырабгъум щыту, зэ фызыжь гуэрыр и сэмэгурабгъум щыту, зэи нэхъыжьитIым я зэхуакум дэтрэ зыщIыпIэ кIуэуэ уэрамым щрихьэлIэрт. АпщIондэху Уэсмэн щIалэ мыцIыхум еущиерт, егиерти, здэщытын хуей лъэныкъуэмкIэ игъэувыжырт.

Адыгэхэм я сабий гъэсэкIэу щытар

Дунейм зы лъэпкъи тету къыщIэкIынкъым щIэблэ махуэ, щIэблэ узыншэ, щIэблэ гъэса диIащэрэт, жимыIэу. Ар апхуэдэу къокIуэкI игъащIэ лъандэрэ, шэч хэмылъуи, екIуэкIыну къыщIэкIынщ къэкIуэну зэманми.

Дауи, лъэпкъхэм я щIэблэм ират гъэсэныгъэр теухуат а лъэпкъхэм езыхэм я псэукIэм, я тхыдэм и къекIуэкIыкIам, я лэжьыгъэм, я хабзэм. Апхуэдэу щIым елэжьу къэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэм я щIэблэр хуагъасэрт губгъуэ лэжьыгъэм, былым зезыхуэ, зыгъэхъухэм я щIэблэр – Iэщым и пIалъэхэм, щакIуэхэм – щакIуэ Iэмалхэм.

Iэдииху

Нарт эпосым щыщ бзылъхугъэ дахэщ. Мы цIэр псалъитIу зэхэтщ: Iэдий – Iэблэ, блэ; ху - хужь.

Iэдииху и Iэм апхуэдизу нур къыпехри, жэщым я нэхъ мазэхэм дунейр дыгъэм хуэдэу къегъэнэху.

Илъэси 192-рэ и ныбжьщ

 

Адыгэ ныпыр къыздикIар къэпщIэн щхьэкIэ, инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмунд «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» зыфIища и тхыгъэм ухэплъэн  хуейщ.

ГъэщIэгъуэнщ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэухэр цIыху хужьхэм зэреджэр «CANCASIANS» жиIэущ икIи абыхэм къызэралъытэмкIэ, Кавказ щIыналъэрщ япэ дыдэу расэ хужьыр къыщыунэхуар.

XIII-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Блюменбах Иоганн лъэпкъыу дунейм тетыр тхууэ игуэшащ: хужьхэр, гъуэжьхэр, фIыцIэхэр, плъыжьхэр, къарэхэр. Абыхэм ящыщу ипэ иригъэщари, зэрыгурыIуэгъуэщи, Кавказыр зи къежьапIэу къилъыта цIыху хужьхэрт. А Iуэху еплъыкIэр зымыдэхэр зэпеуэу пэджэжын щIадзащ ахэр зэрыхужьым и мызакъуэу, икIи зыфIэдахэ Блюменбах.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Вьетнамым щагъэлъапIэ къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнурэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр

Финляндием махуэ гъэщIэгъуэн - жейнэдым и махуэ - щагъэлъапIэ.

1147 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.

1694 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым къыщызэIуахащ и банк нэхъыщхьэр. ЦIыху 1268-м я мылъку халъхьат Шотландием щыщ хьэрычэтыщIэ Патерсон Уильям и банкым.

УзэщIакIуэ, хабзэ убзыхуакIуэ, лэжьыгъэ къызэгъэпэщакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн

              1838    гъэм    университетыр    къиуха     нэужь,     Къуэдзокъуэ   Дмитрий   Мэзкуу   дэт   уголовнэ    судым   и   палатэм   уват.  Абы     къыхэщт     имыIэу        мэзкуудэс      къулыкъущIэм     и     гъащIэ   тынш ирихьэкIыфынут,  ауэ  и натIэ хъуар нэгъуэщIщ.

               1839  гъэм   бадзэуэгъуэм  и   кIэм  Къуэдзокъуэр  Кавказ  Ищхъэрэм къоIэпхъуэжри,   и  къэбэрдей  благъэхэр  къегъуэтыж. Ар щIэхъуэпсырт  цIыхубэ  лэжьакIуэу,  лъэпкъ   узэщIакIуэу,  бэ   къыщхьэщыжакIуэу  псэуну.