Календарь событий

29 июля 2022

Санэ Нидал: Зэманым къигъэлъэгъуэнщ ди псэукIэ хъунур

Хэкужьыр унапIэ зыхуэхъужа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу илъэс зыбжанэ ипэ дэ дыщыхьэщIащ унагъуэ зыбжанэм. СХьР-м къикIыжу къэзыгъэзэжахэм ящыщу  зи Iуэху нэхъ къикIар Кременчуг-Константиновкэ жылэм дэтIысхьэжа унагъуэхэрауэ къыщIэкIынщ. Унагъуэ 20-м нэблагъэ Iэпхъуащ абы, ахэм яхэтщ зи мылъкукIэ унэ къэзыщэхужахэри, ДАХ-р дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъуахэри, «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэм зэхуихьэса ахъшэкIэ унэ къызыхуащэхуахэри.

СтIащ Сабри: Хэкум дызэрисым гугъуехьыр тщегъэгъупщэ

Кременчуг-Константиновкэ Iэпхъуа адыгэ унагъуэхэм я нэхъыжьыфIщ СтIащ Сабри. Сабрирэ и щхьэгъусэмрэ нэхъ зыхуей хуэзэу мэпсэу. КъатитIу зэтет унэм и япэ къатыр хьэзыр ящIауэ абы щIэсщ, етIуанэр яухмэ, и къуэр къригъэблэгъэжыну и мурадщ.
- Япэу мыбы дыкъыщыдыхьам IутIыж Мэжидщ къытIущIар, - къыддогуашэ Сабри. - Абы адыгагъэрэ хабзэу къыткIэлъызэрихьар зэи дигу ихунукъым. Ди къуэшхэм унэ къащэхунымкIэ, унагъуэу тIысыжынымкIэ, тхылъ Iуэху, нэгъуэщIхэр зэфIагъэкIынымкIэ Мэжид хуабжьу сэбэп къытхуэхъуащ.

Гуэл Iуфэм

Хъыбар
Ди къунтххэр псым къыхэднэри, шэджагъуашхэр къыщысым, Батыррэ сэрэ гуэл Iуфэ щхъуантIэм дыщетIысэхащ. IэкIэ иракIэу тралъэщIэжа нэхъей, жьы кIапэ зыщIимыху бгыщхьэр мамырщ. Ауэ къунтххэм къеуIуу дыкъыщагъэлъэтын къытфIэщIу ди нэр абыкIэ щыIэщ. ТIэкIу дедзэкъэну дызэрытIысу, Батыр нэщхъей къэхъуащи йоплъых. Сыту пIэрэ ар хэзыгъаплъэр?
- СлIожь, тхыгъэ хьэлэмэт гуэр уеджэу ара? – ерыскъы зытетлъхьа газетым соплъ, Батыр и нэр абыкIэ щыIэщи.
- Хьэуэ. Мы хъумпIэцIэджым еплъыт, щIакхъуэ щыкъуей ехь.

Нэгумэ Шорэ и зэфIэкI

Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр джыным, абы и псалъэхэр зэхуэхьэсыным, псалъалъэ Iуэхум елэжьыным и лъэхъэнэщIэр епхащ Нэгумэ Шорэ. Мыхьэнэшхуэ ди зэманми зиIэ япэ адыгэ-урыс псалъалъэр абы 1830 гъэм зэхилъхьащ.

Бэдж бзаджэу «фызабэ фIыцIэ»

Бэдж нэхъ Iэл дыдэхэу щхъухь бзаджэ зезыхьэхэм ящыщщ «каракурт» - кIэ зэджэр. Мыбы и щхъухьыр «гремучая» жыхуаIэ блэм ейм нэхърэ хуэдэ I5-кIэ нэхъ гуащIэщ.

Адыгэ щIалэмрэ урыс пщащэмрэ къызэдакIуа гъуэгуанэ

Хьэпэпххэ я унагъуэр Кременчуг-Константиновкэ щопсэу. Езым я мылъкукIэ къащэхужауэ аращ зыщIэс унэр. Фаридэ жьэгум и хъумакIуэщ, щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ иIэщи, псори унагъуэ хъужащ езыр и щIалэ нэхъыщIэм бгъэдэсщ. ЗэрыбыниплIым я нэхъыжьыр Дубаи щопсэу, абыи унэ къищэхуауэ къэкIуэжыну зегъэхьэзыр.
Набил дэнэ къэрали тыншу хэзагъэ цIыхущ. Мы къуажэм къэIэпхъуа нэужьи, куэдрэ гугъу ехьакъым, псыкъуий яхуещI, Iэмэпсымэхэр къищэхуауэ. Апхуэдэхэр къанэри къуажэм дэмысыну зыбжанэм унэ иратащ, языныкъуэ унагъуэхэр нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуауэ Хасэм къищэхуа унэхэр нэщIу щытщ.

ГукъэкIыж

Къардэн Мурат, спортсмен, Олимп чемпион:

 

Япэ щытхъухэр

Нэхущ Чэрим, артист:
    Ещанэ классым сыщIэсу район зэпеуэ гуэрым сыхэтт. Абы гу къыщыслъызытауэ щыта ГъукIэлI Исуф дежщ щытхъу псалъэ япэу щызэхэсхар, нобэми сыхуэарэзыщ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) зыгуэр зэрысхузэфIэкIынур япэу къызыгурыIуахэм ящыщ зыуэ щыт Исуф. Абы телевиденэми сригъэблагъэри, класс нэхъыжьхэм щеджэ щIалэхэр си щIыбагъым къыдэту адыгэ уэрэдыжьхэр жызигъэIауэ щытат.

НОБЭ

 

Къаплъэным и дунейпсо махуэщ