Календарь событий

30 июля 2022

Фыдогъэблагъэ!

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизион
ЕтIуанэ джэгугъуэ
«Спартак-Налшык» - «Ротор» (Волгоград)
Налшык. «Спартак» стадион. Бадзэуэгъуэм и 30. Сыхьэт 17-м 

Ди къуэш республикэр илъэси 100 ирокъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Адыгэ Респуб­ликэр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ абы и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат ехъуэ­хъуащ. 

Къытхыхьэжахэри адыгэщ, зыхузэфIэмыкIахэри адыгэу къонэж

Илъэси 10 ипэ СХьР-м зауэ къызэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэкIуэжа щыIэхэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэми къы­дэтIысхьэжри, лъахэм щыщыIэ псэукIэм хэсыхьыжащ, абы емысэу нэ­гъуэщI къэралхэм Iэпхъуэжаи щыIэхэщ. Дэ мызэ-мытIэу дыщыIащ Дуней­псо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Аргудан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщI жылэхэм дэтIысхьэжа унагъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса цIыхухэр гурэ-псэкIэ адыгэу къы­щIэкIащ икIи адыгэ гъащIэм техьэжыным гугъу дехьауэ пхужыIэнукъым.

Дэнэ щыIэми бзэр, хабзэр, зэхэтыкIэр ехъумэ

Илъэси 160-м нэблэгъащ адыгэхэм я нэхъыбэм я адэжь Хэкур зэрабгынэрэ. 

ХэкIуэдахэм я фэеплъ зэпеуэ Налшык щокIуэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысейм и МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ къулыкъущIапIэ нэхъыщхьэм и нэIэм щIэту къызэрагъэпэща фэ­еплъ зэпеуэр.