Календарь событий

01 августа 2022

Яхъумэ, кърагъэл, зрагъэужьыж

Рейнджерым и дунейпсо махуэр (World Ranger Day), нэгъуэщIу жытIэмэ, МэзгъэфIэнхэр зыхъумэхэм я махуэр, ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 46-м гъэ къэси бадзэуэгъуэм и 3I-м щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтар Рейнджерхэм я къэрал зэхуаку федерацэм (International Ranger Federation, IRF) 2007 гъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэрщ.

«Си къуажэ Къулъкъужын Ипщэ къыдэплъэ»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр, Бахъсэн районыр илъэси I00 щрикъум хуэгъэпса фестиваль екIу.
Махуэшхуэм щыщIидзащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэм, хьэщIэхэри къуажэдэсхэри адыгэ хабзэм тету ирагъэблэгъащ.

Псэм и лъахэм

Тхыдэм аддэ жыжьэу къыщежьэ я къуэпсыжьхэмкIэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ (азгъэхэмрэ – адыгэхэр абхъазхэм мыпхуэдэуи йоджэ) зэрызэблагъэр гурэ-псэкIэ къозыгъащIэ хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщысщIихуну махуэм сэ куэд щIауэ сыпэплъэрт.

МазэцIэхэр

Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абы я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Абы и зы щапхъэщ адыгэ мазэцIэхэри.
Абыхэм фIэщыгъэцIэ зэхуэмыдэхэри яIэу урохьэлIэ. Ар къызыхэкIар цIыхухэм я IэщIагъэм, ялэжь Iуэхум ехьэлIауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытаращ.

Гуащэ хьэпшыпхэр куэдыIуэмэ, сабийр гулъытэншэ мэхъу

Сыт хуэдиз гуащэ иIэн хуейр хъыджэбз цIыкIум? Хьэмэрэ сыт хуэдиз машинэ цIыкIу – щIалэ цIыкIум? Джэгуалъэ куэд зэриIэм сабийр нэхъ насыпыфIэ ищIу пIэрэ? А упщIэм и жэуап къыдет япон гъэсакIуэ цIэрыIуэ Масару Ибукэ.

НОБЭ

Тхьэмбылым лышх узыфэр къемыуэлIэным хуэгъэпса дунейпсо махуэщ
ГъущI гъуэгу лэжьакIуэм и дунейпсо махуэщ
ШыщхьэуIум и I – 7-хэр Сабий цIынэхэр анэ быдзышэкIэ гъэшхэным къыхуеджэным и дунейпсо тхьэмахуэщ
УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ
Урысейм и Инкассаторым и махуэщ
Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда урысей сэлэтхэм я фэеплъ махуэщ
Азербайджаным щагъэлъапIэ я алыфбеймрэ я бзэмрэ я махуэр
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
Китайм щагъэлъапIэ я цIыхубэ-щхьэхуитщIыжакIуэ армэр къыщызэрагъэпэща махуэр

Нэгъабэрей лъагъуэм тету

Нэгъаби хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» аргуэру гугъуу зэхьэзэхуэм щIидзащ. Абы щыгъуэм япэ текIуэныгъэр щызыIэрагъэхьар еплIанэ джэгугъуэрат, иужь дыдэу щыт «ЕсэнтIыгур» ерагъкIэ ди стадионым 2:1-уэ щыхагъащIэри. Иджыри нэхъыфIыну фэ теткъым.

ПыжьпытIыгурэ Мэмлацэрэ

Зы ныбгъуэ закъуэ си лъапэ дыдэм къыщыхэлъэтри фийуэ зиIэтыжати, абыи схутегъэхуакъым. Бзу лIэужьыгъуэу е хьэкIэкхъуэкIэу къэбукIынышхуи щыIэтэкъым мы щIыпIэм. Сэри абы сыщыгъуазэт. ИтIани – хэт ищIэрэ жысIэри – си закъуэрыуэжьыр си плIэм илъу нышэдибэ къэзунэтIат илъэс 20 ипэкIэ фIыщэу сцIыхуу щыта мэз цIыкIумкIэ.

Лъэпкъ зыужьыныгъэм зи гуащIэ хуэзыгъэпса

Цагъуэ Нурий жылагъуэ лэжьакIуэщ, узэщIакIуэщ, Бахъсэн щIэныгъэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэм ящыщ зыщ. Езы Цагъуэ Нурий зэритхыжыгъамкIэ, абы и адэ-анэр Бахъсэн куейм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм щыщхэщ, ахэр Кавказ-Урыс зауэм и зэранкIэ иужькIэ Тыркум икIыгъахэщ.