Календарь событий

02 августа 2022

ХуащI гулъытэм хохъуэ

«Тыншу хэзыгъэгъуазэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ зи узыншагъэр хуэмыщIа сабий куэдым дэIэпыкъуэгъу нэхъыбэ ягъуэту хуежьащ.
Абыхэм папщIэ ди республикэм и курыт еджапIэхэм коррекционнэ классхэр къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ егъэджакIуэхэм Iэмал ягъуэтынущ, сабийхэм я зэфIэкIым елъытауэ, я дэтхэнэми щхьэхуэу дэлэжьэну.
Проектым хиубыдэу Псыхъурей, Кышпек, Ислъэмей къуажэхэм я школищ зэрагъэпэщыж: унэлъэгухэр, зытхьэщIыпIэхэряхъуэжащ, щIыхьэпэхэм пандусхэр щагъэуващ. 

IэфIрэ сэбэпу

 «ГъащIэм и жыг» - аращ зэреджэр КъуэкIыпIэ гъунэгъумкIэ щыIэ къэралыгъуэхэр игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI, тфIэIэфIыпсуи тшхы хъурмэ кIыхь цIыкIухэм. Ахэр куэдрэ зэрыщылъым, сытми зэрыдекIум къимыдэкIэ, абы хэлъ хущхъуэгъуэхэм куэд хэтщIыкIыркъым.
Ахэр лIэужьыгъуэ куэду зэхедз, абы тещIыхьауэ хуагъэув уасэхэри. Зи хущхъуэгъуэр нэхъыбэу къалъытэ «пащтыхь хъурмэ» пIащэ фIыцIэшхуэхэр куэдкIэ нэхъ ягъэлъапIэу къокIуэкI, ауэ щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, псори зэхуэдэу сэбэпщ.

Интернетым и лэжьэкIэм щIигъэхуэбжьащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстаным, Ставрополь щIыналъэм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм папщIэ телефон зэпыщIэныгъэхэмкIэ оператор нэхъ ины дыдэм – МегоФоным – 4G лъэщагъ зиIэ интернетым зригъэубгъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм, бгылъэ жыжьэхэм, къурш жьэгъухэм кIуэ зыплъыхьакIуэхэм Iэмал яIэ хъуащ интернетыр зэпыу имыIэу къагъэсэбэпыну.
МегоФоным щылажьэ инженерхэм 4G лъэщагъ зиIэ интернетыр щIэзыгъэхуабжьэ пкъохэр цIыху куэд здэкIуэ щIыпIэхэм щагъэуващ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ:
• Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Чегет и Iэгъуэблагъэхэмрэ;

ШыщхьэуIу

Еянэ мазэм, августым, Римым и пащтыхь Октавиан Август и цIэр фIащащ. 

ЩIэныгъэм зезыгъэужьхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и проректор, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Хьэшыр Светланэ иджыблагъэ хэтащ «Термопластикэ пкъыгъуэ зэхэлъхэр промышленностым къыщыгъэсэбэпыным теухуауэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейм. Ар къызэзыгъэпэщари щекIуэкIари Бытырбыху къалэ дэт, Пётр Езанэм и цIэр зезыхьэ политехникэ университетым IэщIагъэхэмрэ щIэныгъэхэмкIэ и Центрырщ.

КIЭХУМАХУЭ ФатIимэ, артисткэ:

Си IэщIагъэм езым сыкъыхихауэ къыщIэкIынущ… Артисткэ сыхъуну, абы сыхуеджэну, уеблэмэ абы ущыхуеджэн еджапIэ щыIэу зэикI си пщIыхьэпIэ къыхэхуакъым. Курыт еджапIэм сыщыщIэсым абы щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэ псоми жыджэру сыхэту щытащ.

Усэ гукIэ зэгъэщIэным сабийхэр нэхъ гурыхуэ ещI

Сабийхэм пасэу щIэныгъэ егъэгъуэтыныр зыфIэкъабыл гъэсакIуэхэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ япон тхакIуэ Масару Ибукэ.

Псынэм и макъыр къизыш пшынауэ

I8-нэ лIэщIыгъуэм къежьауэ адыгэхэм макъамэ Iэмэпсымэу къагъэсэбэпхэм ящыщщ пшынэр. 

Налшык ущIэкIуапхъэ щхьэусыгъуитху

«Моя провинция» («Си щIыналъэ жыжьэ») фестивалым и тхыдэм I999 гъэм къыщыщIедзэ.

Ягу къагъэкIыж

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ Ростов щIыналъэм щекIуэкIа фэеплъ Iуэхугъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри хэтащ.

ЦIыхуфIу ущытыну нэхъ тыншщ

«ГъащIэ кIыхь ухъу!» - хэт зэхэзымыхар нэхъыщIэ псоми зэрызыхуагъазэ кавказ хъуэхъур? ГъащIэр нэхъ кIыхьыху, цIыхум фIы нэхъыбэ ищIэну Iэмал нэхъ иIэщ, Кавказым щыщхэр зэрегупсысымкIэ. Зэманыр Iэуэлъауэншэмэ, хьэуа къабзэмрэ ерыскъы узыншэмрэ хэпсэукI ди лъахэгъухэм жьыщхьэ махуэу къахэхуэр мащIэкъым. Ауэ цIыху цIыкIур зытекIуэдэж цивилизацэр къызэрытхэIэбэрэ, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми къапсэур нэхъ мащIэ хъуащ. Иджы узыншагъэм и пIэ «IэмалыщIэхэр» къоувэ.

ЩIэдзапIэ: япэ ухуэныгъэхэр

 Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу
 

Нобэ

УФ-м и Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ. Ар Белоруссиеми Къэзахъстанми щагъэлъапIэ. I930 гъэм Москва дзэ округым зыгъэсэныгъэхэр Воронеж къалэм пэмыжыжьэу щригъэкIуэкIыу япэ дыдэу хьэуа десант абдеж къыщетIысэхауэ щытащ. Аращ махуэм лъабжьэ хуэхъуар. 
Беларусь Республикэм и десантникхэмрэ къалэн щхьэхуэхэр зыгъэзащIэ къарухэмрэ я махуэщ 
Азербайджаным щагъэлъапIэ Лъэпкъ кином и махуэр
Коми республикэмрэ Ненецкэ автономнэ округымрэ щагъэлъапIэ Щыхьым и махуэр