Календарь событий

05 августа 2022

Уз зэрыцIалэхэм защыфхъумэ

ЦIыху куэд зыгъэсымаджэхэм щыщщ кIэтIий уз зэрыцIалэхэр. Псалъэм папщIэ, абы хохьэ ныбажэмыжакъуэр, сальмонеллезыр, нэгъуэщIхэри. А узыфэ зэрыцIалэхэр къезыхьэкI микробыр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрыхыхьэр и жьэмкIэщ икIи абы кIэтIий гъумыр е псыгъуэр «тIысыпIэ ещI» икIи а микробхэр тыншу пхуэгъэкIуэдыркъым. А узыфэхэр къыщоуалIэкIэ уи щхьэр уназэу, уи къэжьын къакIуэу, уи ныбэр узу, уи температурэр дэкIуейуэ мэхъу.

Анэдэлъхубзэм зезыгъэузэщI

Адыгэбзэр зи анэбзэ, зи бзэм хуэлажьэ цIыхухэр лъэпкъым ди куэдщ. Ар узыгъэгушхуэщ. Апхуэдэ гушхуэныгъэ къызэзыт цIыхубзщ ЛIыIэщын Людмилэ. «Емызэш лэжьакIуэ» цIэр, схулъэкIамэ, мы цIыхубз екIум фIэсщынт. ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, ущиякIуэ, унафэщI цIыхубзыр Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар щеджащ Налшык къалэ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр училищэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и факультетым.

ЦIыкIу щIыкIэ зыхамылъхьар

БЭГЪУЭТЫЖ Светланэ, артисткэ, оперэ уэрэджыIакIуэ:

МэжэщIэлIагъэм дыкъызэрелар

(Си гъащIэм щыщ теплъэгъуэ)
Ди адэр, пцIы къытралъхьэри илъэсипщIкIэ ягъэтIысат. Ди анэм и закъуэ бынитху дипIын хуейуэ дыкъыхуэнат. Зэманыр гугъут, цIыхухэм я ныбэ изу шхэну Iэмал яIэтэкъым. Къэралым игъэува налогри ятын хуейуэ къыпаубыдырти, я щхьэр здахьынур ямыщIэжу къэнат. Губгъуэ лэжьыгъэ хьэлъэр зэрыщыту зи фэ дэкIыр цIыхубзхэрат. Дыгъэр къыщIэмыкI щIыкIэ дэкIхэрти, пшапэр зэхэуауэт я унэ щекIуэлIэжыр.

Я лэжьэгъухэм я фэеплъу

Налшык щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Урысейм МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэм и щхьэзакъуэ-командэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ КИФЩI-м и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.
Зэхьэзэхуэхэр фэеплъ хуащIащ ЛНР, ДНР, Украинэм дзэ операцэ щхьэхуэ щрагъэкIуэкIым хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. УФ-м и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрийрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ къыдаIыгъыу ар къызэрагъэпэщащ КИФЩI-м щыIэ МВД и Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей и жэрдэмкIэ.

Джыназым и фэеплъ зэхьэзэхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ щIыналъэхэм зэдай зэхьэзэхуэ. Зи ныбжьыр илъэс 21-м нэблагъэ спортсменхэм я зэхыхьэр фэеплъ хуащIащ полицэм и полковник Джыназ Сулеймэн.
Зауэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ къэралкIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэмрэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэхэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ субъектиблымрэ Армениемрэ Къэзахъстанымрэ къикIа спортсмени 150-м щIигъу.

Си къежьапIэр

БЛИЙ IЭЮБ, спортсмен:
   

Кавказымрэ абы исахэмрэ

Пасэрей алыджхэм я псысэхэми къыхощыж дыщэ кIадэр – къулеигъэм, насыпым я хэкIыпIэр – къэзылъыхъуэу щыта аргонавтхэр Кавказым къэкIуауэ зэрыщытар. Абыхэм яхэтащ Геракл лIыхъужьыр – Зевс къызэригъэпцIам щхьэкIэ Iуащхьэмахуэ кIэраIулIауэ щыта Прометей хуит къэзыщIыжар. КъызэраIуэтэжымкIэ, Прометей мафIэ лъапIэр къидыгъужри, цIыхухэр кIуэдыпIэм къришыжащ.

Гудзакъэ зиIа еджагъэшхуэ

КъБКъУ-м и химико-биологие факультетым и япэ декану щыта, химиер IэщIагъэу къыхэзыха щIэблэ куэдым гъуэгугъэлъагъуэ, унэтIакIуэ яхуэхъуа Бузд Къэралбий Аслъэнбэч и къуэр лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди лъахэгъухэм ящыщ. КъигъэщIа илъэс 90-м ящыщу 65-м щIигъур Буздым тыхь хуищIащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. НэхъыжьыфIыр псэуащ, иригъэджауэ щытахэм, зыцIыхуа, зыдэлэжьа куэдым щапхъэ нэс яхуэхъуу.

НОБЭ

Светофорым и дунейпсо махуэщ. 1914 гъэм США-м щыщ Кливленд къалэм щыфIадзащ икIи къагъэсэбэпу щыхуежьащ япэ светофорыр.

 

Гъунэ зэрислъа Iуэхур

ЖЫРЫКЪ ЗАУР, композитор: