Зы пIэм имыту зэпымыууэ лъагапIэщIэхэм хуэкIуэ, ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьэ ди хэкуэгъу актёр, модель цIэрыIуэ ХъуэкIуэн Алим илъэс 20 зэрырикъурэ и гъащIэм къыгуэхыпIэ зимыIэщ камерэмрэ сурэттехымрэ. Москва, Лондон, Нью-Йорк, Афины, Париж, Истамбыл, Рим, нэгъуэщI щIыпIэхэм щытрах фильмхэм, видео клипхэм, модэм теухуа дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм адыгэ щIалэр жыджэру хэтщ.