Календарь событий

13 августа 2022

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр яфIэщыным и IуэхукIэ
Физкультурэмрэ спортымрэ зегъэу­жьы­ным, щIэблэр гъэсэным къаруушхуэ зэрырахьэлIам икIи илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ ­лъапIэр яфIэщын
 ГъуаплъащIэ Замир Адэлбий и къуэм - Шэрэдж  муниципальнэ   районым  и  «Спорт школ №2» муниципальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и гъэсакIуэм

Физкультурэр гъащIэм и мардэщ

ГъащIэ узыншэр иджыпсту гулъы­тэ нэхъыщхьэ зыгъуэтхэм ящыщ  зы унэтIыныгъэщ. Урысейм физ­куль­турэм зыщегъэужьыным 1920 гъэхэм и кIэхэм щыщIадзащ. Абы щыгъуэм екIуэкIащ япэ спартакиадэхэри. Алъандэрэ къыхаха унэтIы­ныгъэм текIакъым, лъэпкъым и узыншагъэр спортым зэрепхар ­къагурыIуэу. Уеблэмэ, Хэку зауэш­хуэм и лъэхъэнэм Мэзкуу эстафетэхэр щрагъэкIуэкIыу щытащ.

«Фи гур фхъумэ»

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и Диагностикэ центрым жылагъуэ узыншагъэмрэ медицинэ профилактикэмкIэ и къудамэм и IэщIагъэлIхэм «Фи гур ­фхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту зэIущIэ щхьэпэ ирагъэкIуэкIащ. Ар къы­щызэрагъэпэщащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зе­зыхьэ республикэ къэрал лъэпкъ библиотекэм.

Унафэхэр яубзыху

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ абы хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу ­Къуныжь МуIэед, Хъубий Марат, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ. 

Псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным пыщIа Iуэхухэм хэплъащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Прави­тельствэм и зи чэзу зэIущIэ.

Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ

1999 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м ООН-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министрхэм я дунейпсо конференцу Лиссабон щригъэкIуэкIам къыщащта унафэкIэ 1998 гъэ лъандэрэ ЩIалэ­гъуалэм я дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ. 

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

ШыщхьэуIум и 13, щэбэт