Календарь событий

14 августа 2022

Спортым драгъэхьэх, япсыхь

Налшык къалэ и «Кавказ» ­санаторэм зыщызыгъэпсэху ­ныбжьыщIэхэм папщIэ, «Зарядись энергией с Росгвардией» акцэм хыхьэу, Звезднэ посёлкэм щыIэ дзэ частым щрагъэкIуэкIащ спорт Iуэхухэр.

Лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэныгъэлI

ЩIэныгъэлI нэскIэ узэджэ ­хъунур зи дуней еплъыкIэкIэ къызэрымыкIуэу, зыпэрыт IэнатIэм дихьэхарэ ихъуреягъкIэ щекIуэкI гъащIэри зи щIэщы­гъуэ, абы жыджэру хэт цIыхурщ, бгъэдэлъ щIэныгъэ куур, зэ­фIэкI лъагэмрэ щэн екIумрэ а псоми щIыгъужу. Бэрбэч Хьэ­тIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ Мэшыкъуэ Нуралий апхуэдэ лъэпкъ еджагъэшхуэхэм халъытэ. Ар УФ-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэщ, химие щIэныгъэхэмкIэ докторщ, КъБКъУ-м и профессорщ.

Налшык къалэр зыгъэдахэхэр

«Навеки с Россией» монументыр Налшык къалэкум итщ. Ар 1957 гъэм ягъэуващ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу. Куэдым зэращIэщи, 1557 гъэм кавказ лъэпкъхэм ящыщу япэу адыгэхэращ Урысей къэралыгъуэм гухьар.