Календарь событий

16 августа 2022

МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ, усакIуэ:

Усэр езыр къэкIуащ си деж

 

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. Апхуэдэ зэхуэхьэсыпIэхэр километр зыбжанэкIэ фабрикэм пэжыжьэу щаухуэ. ЗэманкIэ щыта псы фIейр мэжабзэ, щIыр щIотIысыкIри. ИужькIэ абы псыр къыщхьэщахыжри, иджыри къагъэсэбэп, нэгъуэщI пкъыгъуэ гуэрхэр къыхахыж е ягъэкъабзэри псы ежэххэм хаутIыпщхьэж. Псы фIейр нэхъ псынщIэу жэбзэн папщIэ, коагулянтхэмрэ флокулянтхэмрэ къыщагъэсэбэп щыIэщ. 

ЖЫЛЭ Анатолэ, сурэтыщI:

ЩапхъэфI схуэхъуар

 

ФокIадэр къэмысу

ХьэтIохъущыкъуейм дэт курыт школ № 2 - р гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзыращ.
ЕджакIуэу I70 – рэ щIэхуэным тещIыхьауэ илъэс куэд ипэ яухуа мы школым илъэс къэс елэжьын хуей мэхъу. Къапщтэмэ, зэхъуэкIын хуейщ жьы хъуа унэлъэгухэр, бжэ - щхьэгъубжэхэр. 

Нобэ

Астронавтикэм и дунейпсо академиер къыщызэрагъэпэща махуэщ. Швецием и къалащхьэ Стокгольм I960 гъэм шыщхьэуIум и I6-м щызэхэтащ ХI дунейпсо Астронавтикэ конгресс. Абы унафэ къыщащтауэ щытащ а IуэхущIапIэр къызэгъэпэщыным теухуауэ.
Фошыгъу хэлъу гъэва мамкъутым и махуэщ
I896 гъэм Клондайк (Канадэ) щIыпIэм дыщэ куэду зэрыщIэлъыр къахутащ. Ар къыщIахыу къулей ирихъун мурадыр яIэу цIыху минищэ зэрехьэжьауэ щытауэ къыхощыж тхыдэм. А щIыпIэм нэсу дыщэ къэзыгъуэтар миниплI хуэдиз къудейщ. Адрейхэм къагъэзэжащ е гъуэгум щылIащ.

МардэщIэхэм хуэкIуэу къызэрагъэпэщ

 «ЩхъуантIагъэм хэс къалэ» - апхуэдэу куэдым къыхужаIэ Налшык. ЗыгъэпсэхупIэ паркышхуэмрэ удз гъагъэ щхъуэкIэплъыкIэхэр зэрыту къалэм и щIыпIэ куэдым щытлъагъу утыку дахэмрэ зи Iэужьыр Урысей Федерацэм и апхуэдэ хозяйствэхэм щыпэрыту Налшык дэт «Горзеленхоз» муниципальнэ трестым и IэщIагъэлIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэщ. 

Гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэхьэзыр

Шэджэм Ищхъэрэм дэт курыт еджапIэр сыткIи зэпэщу фокIадэм и I - м IущIэнущ. Иджыпсту лэжьыгъэ цIыкIуфэкIухэр и кIэм нагъэсыж.
КъатитIу зэтет школым и унащхьэм псыр къакIуэу хуежьат, гъэ къэс иращIылIэ лэжьыгъэ къызэрыгуэкIхэмкIэ Iуэхур зэфIэкIынутэкъым.
Район, жылагъуэ администрацэхэм я нэIэм щIэту ток кIапсэхэр, мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ сигнализацэхэр зыхуей хуагъэзащ, бжэ - щхьэгъубжэхэр зэрахъуэкIащ. Мы зэманыр здынэсам класс пэшхэр зэрахьэ, унэлъэгухэр, унэщIыбыр зыхуей хуагъазэ. 

Щэрмэт Людмилэ, артисткэ:

Псыпэр зэрыкIуэм

 
Гъуазджэм и лэжьакIуэ ухъун щхьэкIэ ухуеин къудейр мащIэщ, ар икIи уи лъым хэлъыпхъэу къыщIэкIынущ. Сэ IэщIагъэ схуэхъуауэ си гъащIэм къыщыздэгъуэгурыкIуэри си адэ-анэм я деж къыщожьэ. Абыхэм артистыгъэр яхэлът. Къуажэм щагъэува «Къамботрэ Лацэрэ» спектаклым тIури зэрыхэтам и мызакъуэу, си анэр гъащIэми щыджэгурейт…

ЛIэщIыгъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ

Илъэсищэм щIигъу ипэкIэ Налшыки абы и Iэгъуэблагъэми иIакъым зызыужьа промышленность IуэхущIапIэшхуэхэр. Къалащхьэм дэтар хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IэнатIэ цIыкIухэмрэ псы щхьэл зыбжанэрэщ, кхъуэщын, чырбыш, сэху щащI завод мыинхэмрэ кхъуей, тхъу хуэдэхэм щелэжь IуэхущIапIэхэмрэщ. I900 гъэм ирихьэлIэу псори зэхэту къалэм хиубыдэ щIыпIэхэм предприятэ щитIым щIигъу щыIэу арат. Абыхэм щылажьэрт цIыху 423-рэ.

ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ ПЩЫХЭР

Исмел Псыгъуэ

 I763 гъэм урыс дзэпщхэм Къэбэрдейр мафIэлыгъейм хадзащ. Дзэпщ къанлыхэм къагурыIуэрт: Къэбэрдейр Iэрыубыд умыщIмэ, Кавказыр уи лъэгу щIэбгъэувэфынукъым. Зыми и IэмыщIэ зралъхьэн мурад яIэтэкъым къэбэрдейхэм: игъащIэ лъандэрэ щхьэхуитт, я хуитыныгъэм папщIэ я псэ еблэжынукъым – ар я тхьэлъанэт ди лъэпкъым и нэхъыбапIэм. Черкасскэ унэцIэр къыфIащауэ урыс къалащхьэм дэс епцIыжакIуэхэр зэщэр нэгъуэщIт: урысыдзэр къагъэсэбэпурэ, Къэбэрдейр я IэмыщIэ зэрыраубыдэжынырт.

ПащIэ Бэчмырзэ

Пэжыр зи гъуазэу захуэм щIэбэн

 
  «Жьым щытхъуи, щIэр къащтэ», – жеIэ псалъэжьым. ПащIэ Бэчмырзэ къыжьэдэкIауэ нобэ лъэпкъ Iущыгъэ хъужа псалъэхэри, тхыдэм ар зэрыхэплъа нэ жанхэм къаубыда сурэтхэри зэи жьы мыхъу, зэманым и жыглыц къызытемыкIэ удзыпцIэ щхъуантIэщ лъэпкъыбзэм и дежкIэ. А хадэм нобэ идогъэблагъэ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэр.

Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумапIэ

Тхыдэ гъэщIэгъуэн, ехъулIэныгъэ инхэр зиIэщ Налшык дэт Лъэпкъ лъахэхутэ музейр. 

Килограмм 20 хъу шыкъыр

Ростов къалэм щыIэ онкоцентрым цIыхубз гуэрым килограмм 20 хъу шыкъыр къыщыкIуэцIахащ.

Салазар Антониу папщIэ газет

 Салазар Антониу дунейпсо тхыдэм ткIиягъкIэ къыхэна тепщэхэм язщ. «Диктатор» - узыIурыIэбэ мыхъуну унафэщI еру. Дауэ иджыри а псалъэм и мыхьэнэр къызэрыбгъэлъэгъуэнур? «Езым фIимыгъэжар хьэрэмщ», - жаIэ адыгэхэм. Апхуэдэ тепщэ зыбжанэ щыIащ XX лIэщIыгъуэм и пэм, ауэ Салазар нэхърэ нэхъ зэкIуэцIылъ абыхэм яхэмытауэ хуагъэфащэ. Абы игъэхъа псом зэкIэ и Iуэху зетхуэркъым. НобэкIэ зи жэуап къэтлъыхъуэр зы упщIэщ.