Календарь событий

18 августа 2022

ЩIЭРЫКIУЭ

 

Я гуэлхэр щхъуантIэщ, я псыежэххэр уэрщ

«Си щIыпIэ жыжьэ» зэпеуэм хэту Гуэл ЩхъуантIэхэм щрихьэкIа махуэхэм топсэлъыхьыж «Земля ветлужская» газетым и корреспондент Груздевэ Нинэ.

Унафэр гурыIуэгъуэщ! Гуэл ЩхъуантIэхэм ятеухуа «шэрхъ репортаж» ттхыну докIуэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Гуэл ЩхъуантIэхэм уащыIуплъэкIэ, иджыри къэс слъэгъуа гуэлхэм щхъуантIэу зыри зэрахэмытар къыбгуроIуэ.

СэвкIуий Хьэмид: Лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр IэщIыб ящIу щыслъагъукIэ, сигу хощI

Урысейм ХудожествэхэмкIэ академием хэт, Санкт-Петербург ХудожествэмкIэ и академием и  профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид  нобэ ди псэлъэгъущ.

Лъэпкъым и цIыху пажэхэм ящыщ зы

Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур Аруан куейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ямызакъуэу къэралми куэд хуэзыщIа цIыхущ. Нало Залым Алий и къуэр Нарткъалэ щыцIэрыIуэщ. Къалэм техник ныбжьыщIэхэм я станц щиухуэри, щIалэ цIыкIухэр абы дригъэхьэхащ техникэм, щыцIыкIум къыщыщIэдзауэ ар фIыуэ ялъагъуу, я IэкIэ зэпкъралъхьэфу.

Литературэ фестивалыр зэхуащIыж

         Налшык и Къэбэрдей уэрамым и «Периметр» арт-IуэхущIапIэм щызэхуащIыжащ шыщхьэуIум и 9-11-хэм ирагъэкIуэкIа «Букля» литературэ фестивалыр. Ар къызэрагъэпэщащ «Букля» литературэ клубымрэ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ  и центрымрэ, Урысей щIалэгъуалэм я грант дэIэпыкъуныгъэм и фIыгъэкIэ. 

Зэманым и лIыхъужь

Сосналы СулътIан и цIэр Кавказым и тхыдэщIэм  хэтха хъуащ, а цIыхум  адыгэ лъэпкъым и пщIэр зэриIэтам шэч хэлъкъым.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Урысейм щагъэлъапIэ Географым и махуэр. 1845 гъэм къызэрагъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэр.

Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ я гъунапкъэхъумэ дзэхэм я махуэщ

Таджикистаным и медицинэ лэжьакIуэхэм я махуэщ

1682 гъэм Урысей пащтыхьыгъуэм и тет хъуащ Пётр Езанэр.

1782 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр (иужькIэ «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» зыфIащар).