Календарь событий

19 августа 2022

ЕхъулIэныгъэ инкIэ дыхуохъуапсэ

Ди республикэм щеджэн и мураду и хэку къэзыгъэзэжауэ щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и факультетыр къэзыуха, ди республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым щылэжьа, зи кандидат диссертацэр ди деж щыпхызыгъэкIа Чурей Дыжьын куэдым яцIыху и щIэныгъэкIэ, и лэжьыгъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ.

Лэжьыгъэр фIэкIуэдынкIэ мэхъу

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхегъэкI я лэжьакIуэм зэхищIыхьар. 

ГъащIэ узыншэм къыхураджэу

Ислъэмей щекIуэкIащ мини-футболымкIэ къуажэ чемпионат. ЩIыпIэ администрацэм къызэригъэпэща зэхьэзэхуэм хэтащ футболист 54-рэ къызэщIэзыубыда командих. 

ЗИ КЪЭУХЬЫР ЛЪАГЭ

 КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, литературэхутэ цIэрыIуэ, критик, щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIэх-щIэхыурэ зи цIэр фIыкIэ къраIуэхэм ящыщщ Тхьэгъэзит Юрэ Мухьэмэд и къуэр. 

Хущхъуэ лъапIэмкIэ къызэрагъэпэщ

Илъэс 80 зи ныбжь налшыкдэсым сом мин 200 и уасэ хущхъуэр Iэрохьэ суд приставхэм я нэIэ тету. 

И зэфIэкIыр нэхъ ин хъуащ

УФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ лъэныкъуэ куэдкIэ къапщытащ къэралым ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм 202I гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр икIи абы къигъэлъэгъуащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и зэфIэкIыр нэхъ ин зэрыхъуар.

Зызыгъэпсэху сабийхэм я хьэщIащ

КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэр, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэмрэ республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и щIалэгъуалэ центрымрэ я лIыкIуэхэр ящIыгъуу, щыIащ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Атажукино» комплексым щылажьэ «Лидер» сменэм. ХьэщIэхэм абы зыщызыгъэпсэху сабийхэм профилактикэ Iуэху щхьэпэ драгъэкIуэкIащ. 

ТIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьу метр 2888-рэ зи лъагагъыр. 

Нобэ

Сурэтым и дунейпсо махуэщ
Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
Афганистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
США-м и авиацэм и махуэщ
ХыдзэлIхэм зэрахьэ джанэ кусэм и махуэщ. Урысей флотым къулыкъу щызыщIэхэм я фащэу I874 гъэм къащтащ кусэ щIыхухэр хужьым пхыкIыу щIа джанэхэр.
I839 гъэм
Санкт-Петербург пэмыжыжьэу къызэIуахащ Пулковскэ обсерваториер. Иджыпсту ар Урысей Федерацэм и астрономие IуэхущIапIэ нэхъыщхьэщ.
I887 гъэм шар гъэпщам ису зиIэтри, Менделеев Дмитрий кIэлъыплъащ дыгъэр зэрыкъуилъафэм.

Дамыгъэ нэхъыщхьэ

ТекIуэныгъэм и орденыр I943 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м, езы текIуэныгъэр къэсыным зэманышхуэ иIэжу ягъэуващ
Ар платинэм, дыщэм, дыжьыным къыхащIыкIырт, рубинхэмрэ псори зэхэту карати I48-рэ налкъутхэмкIэ ягъэщIэращIэрт. Мы зэманым доллар мелуан зытхух нэхърэ мынэхъ мащIэ и уасэнут.
ТекIуэныгъэм и орденыр I944 гъэм фокIадэм и I0-м япэу иратащ Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий, етIуанэу апхуэдэпщIэ лъысащ Васильевский Александр. I944- I949 гъэхэм а дамыгъэр хуагъэфэщащ Сталин Иосиф, Маршалхэу 7-м, Дзэ Плъыжьым и Штаб нэхъыщхьэм и унафэщI, армэм и генерал Антонов Алексей.

Си гур Налшык къыщызогъанэ

Уфа щыщ Коченковэ Еленэ и репортажыр зытеухуар Налшыкрэ а къалэм щызригъэцIыхуахэмрэщ. ЦIыхубзыр щолажьэ «Октябрьский нефтяник» газетым.

ПсэупIэм ехьэлIа Iуэхухэр

Суд приставхэр ядэIэпыкъури, налшыкдэсыр щIэтIысхьэжащ илъэсих ипэкIэ къищэхуа фэтэрым. Ар зейуэ щытахэм бжэм и IункIыбзэIухыр яхъуэжри, къэзыщэхуар щIыхьэну Iэмал кърататэкъым. 
КъБР-м щыIэ УФССП-м и Налшык къалэ къудамэм щIэлъащ щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым теухуа тхьэусыхафэр. Абы и фэтэрыр ищащ, и уасэр къыIэрыхьэри, псэупIэр хуит къищIащ. АрщхьэкIэ, зэман гуэр дэкIри, ар къэзыщэхуар щымыIэу, унэм щIэтIысхьащ цIыхуи 5 хъу унагъуэр: фэтэрыр зейуэ щытахэм я Iуэху зыхэмылъыж унэм и IункIыбзэIуххэр яхъуэжащ, зращар щIэмыхьэфыну.